Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Уэрэд 8:4 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

4 Уи ӀэкӀэ пщӀа уи уафэм, мазэу, вагъуэу бгъэувахэм сэ сеплъ щыхъукӀэ,

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Уэрэд 8:4
25 Iomraidhean Croise  

Тхьэм япэщӀыкӀэ къигъэщӀащ уафэмрэ щӀылъэмрэ.


– Къыщрехъу нэхунэхэр уафэлъащӀэм – жиӀащ Тхьэм, – махуэр жэщым къыгуэкӀын папщӀэ. Щрет ахэр нэщэнэу, зэманхэр, махуэхэр, гъэхэр зэхэха хъун папщӀэ.


Ирагъэфащ я адэр санэ а жэщми; пхъу нэхъыщӀэр щӀыхьэри жеящ абы и гъусэу: адэм ищӀакъым ар къыщыгъуэлъари щытэджыжари.


Къеплъащ нэфӀкӀэ Зиусхьэныр Сарэ, зэрыжиӀэгъам хуэдэу, икӀи Зиусхьэным жиӀауэ щытар къыхуищӀащ Сарэ.


Губгъуэ нэщӀ гъуэгуншэхэм къыщакӀухьащ абыхэм, цӀыху щыпсэу къалэ къамыгъуэтыфу.


Ерусалим, усщыгъупщэмэ, си Ӏэ ижьыр прегъукӀ.


НасыпыфӀэщ, уэ уи сабийхэр ищтэу, зыукӀынухэр, мывэм ириудэкӀыурэ!


Ин дыдэщ Зиусхьэныр, щӀыхьышхуэри хуэфащэщ; Абы и инагъыр зыхуэдизыр къызыфӀэбгъэщӀын плъэкӀынукъым.


Зигу кӀуэдахэр Абы егъэхъуж, абыхэм я гухэщӀ-гукъеуэхэм йоӀэзэ.


Махуэ къиным укъызэхрех Зиусхьэным, ди адэжь Екъуб и Тхьэм укърехъумэ.


СыныщоджэкӀэ сыкъызэхэх, Тхьэуэ си хьэкъыр сэ къызэзыт! ЩӀыпӀэ зэвым сыщихуам, ар Ӏэхуитлъэхуит схуэпщӀащ. ГущӀэгъу къысхуэщӀ, си тхьэлъэӀур къызэхэх.


Гуэдзым и дэгъуэкӀэ фызгъэшхэнти, фоууэ бгым къыхэкӀымкӀэ фызгъашхэурэ арэзы фысщӀынти.


Шэхум хуэдэу, бгыхэр щоткӀу Зиусхьэным и пащхьэм, щӀыгу псом и Зиусхьэным и пащхьэм.


– Бажэхэм зэрысын гъуэ яӀэщ, къуалэбзухэми абгъуэ яӀэщ, ауэ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и щхьэр зрихьэлӀэн хэщӀапӀэ иӀэкъым, – жриӀащ абы Хьисэ.


«Зиусхьэну Израил и Тхьэм щӀыхьышхуэр ейщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ езым и лъэпкъ Израил нэфӀкӀэ къеплъри, щхьэхуитыныгъэ къритащ.


Уэри уи быну къалэм дэсхэри уи бийхэм фагъэкӀуэдынущ, мывитӀ зэтелъу къагъэнэнукъым, Тхьэм умыкӀуэду укъыщригъэлыну зэманыр къэсауэ къызэрыбгурымыӀуам щхьэкӀэ.


Тхьэр зымыщӀэхэм я пащхьэм тэрэзу фыщыпсэу. «Мы цӀыхухэр бзаджащӀэхэщ», жаӀэурэ ӀейкӀэ къыфтепсэлъыхь пэтми, фи фӀыщӀагъэхэр ялъагъунурэ, Тхьэр абыхэм къащыхэплъэну махуэм Тхьэм щӀыхьыр хуащӀынущ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan