3 Сабийхэми сабий быдзафэхэми я жьэкӀэ щӀыхь зыхуебгъэщӀащ, къыппэувыжхэм ягу къеуэу, уи бийхэмрэ лъыщӀэжакӀуэхэмрэ бгъэувыӀэну.
Тхьэм япэщӀыкӀэ къигъэщӀащ уафэмрэ щӀылъэмрэ.
Тхьэм и псалъэр къэщыпкъэжыху, Зиусхьэным и псалъэм ар игъэунэхуащ.
Абы къытепщӀыкӀахэр щылъэщынщ щӀыгум; Езым хуэщыпкъэхэм Тхьэм и нэфӀ къащихуэнщ.
Дыгъэми мазэми щӀыхь хуэфщӀ Абы, лыдырэ вагъуэ псоми щӀыхь хуэфщӀ Абы.
Пшынауэхэмрэ уэрэдыӀуэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Даут и уэрэд
Зи нэплъэгъуэ Абы хуэзыгъазэхэм я нэгум нэхунэр щӀэзщ, напэншэ хъункъым ахэр.
Хэт уи губжьым и лъэщыгъуэр зыщӀэр, Уэри уи губжьым къыщышынэр хэт?
Сэ жин бзаджэхэр цӀыхухэм зэрахэсхужыр Тхьэм и Ӏэпхъуамбэращи, абы къикӀыр Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр къыфхыхьауэ арщ.
Тхьэм дунейр къыщигъэщӀам къыщыщӀэдзауэ езым и хьэл-щэну ямылъагъуфым Тхьэм къигъэщӀахэмкӀэ цӀыхухэм нахуэу гу лъатэн ялъокӀ. Езым и хьэл-щэн ямылъагъуфу жыхуэсӀэр и лъэкӀыныгъэшхуэу мыкӀуэдыжынур аращ, езыр Тхьэуэ зэрыщытри аращ. Аращи, цӀыхухэм зызэрагъэхеин зыри щыӀэкъым.