Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Уэрэд 8:2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

2 Зиусхьэну ди Тхьэ! Уи цӀэр сыту щылъапӀэ щӀыгум дэнэкӀи, уафэм нэхъ лъагэу уи щӀыхьым зиӀэтащ!

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Уэрэд 8:2
21 Iomraidhean Croise  

Зиусхьэным и цӀэм щӀыхь хурещӀ; сыту жыпӀэмэ Абы и цӀэр псом нэхърэ нэхъ лъагэу Ӏэтащ. Абы щӀыхьу иӀэр щӀылъэми уафэми щыӀэ псоми я нэхъ инщ.


Зиусхьэным и фӀэлӀыкӀ зигу илъыр Езым папщӀэ къызэрыхихар зэвгъащӀэ: сэ сыщеджэкӀэ Зиусхьэным сызэхех.


Къашэ нэжэгужэу, я гуфӀэгъуэшхуэу. КъыщӀохьэ сэрейм.


Ибрэхьим игъэлъапӀэ Тхьэм и цӀыху лъэпкъым деж щызэрыугъуеящ цӀыху лъэпкъхэм япщхэр; сыту жыпӀэмэ щӀыгум щынэхъ лъэрыхьхэри Тхьэм и Ӏэ илъщ; Ар абыхэм я щхьэщ.


я нэхъ ущхъухьэкӀуэ Ӏэзэм и макъи зэхэзымых блэ дэгуу зи тхьэкӀумэ зэхуэзыщӀам хуэдэщ.


И псалъэм къыпищэу, Хьисэ жиӀащ итӀанэ: – Си Адэ, уафэмрэ щӀылъэмрэ я Зиусхьэн. Мы Ӏуэхухэр цӀыху губзыгъэхэмрэ цӀыху Ӏущхэмрэ ящыбгъэпщкӀуурэ, сабийхэм зэребгъэщӀамкӀэ фӀыщӀэ пхузощӀ.


Хьисэ къыжраӀащ: – Абыхэм жаӀэр зэхэпхрэ? – Зэхызох, – яжриӀащ Хьисэ, – ауэ феджакъэ Даут Тхьэм мыпхуэдэу зэрыжриӀам: «Сабийхэмрэ сабий быдзафэхэмрэ я жьэкӀэ щӀыхь зыхуебгъэщӀащ»?


Асыхьэт дыдэм Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм ину къигъэгуфӀэри, Хьисэ жиӀащ: – Си Адэ, уафэмрэ щӀылъэмрэ я Зиусхьэн, мы Ӏуэхухэр цӀыху губзыгъэхэмрэ цӀыху Ӏущхэмрэ ящыбгъэпщкӀуурэ, сабийхэм зэребгъэщӀамкӀэ фӀыщӀэ пхузощӀ. Си Адэ, апхуэдэущ уэ узэрыхуеяр.


Ауэ акъылыфӀагъэ зиӀэ цӀыхухэр игъэукӀытэжын щхьэкӀэ, мы дунейм и цӀыхухэм акъылыншэу жыхуаӀэ цӀыхухэр Тхьэм къыхихащ. Къару зиӀэхэри игъэукӀытэжын щхьэкӀэ, мы дунейм къару щызимыӀэхэри Тхьэм къыхихащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan