1 УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Гитит пшынэ дыкъуакъуэхэмкӀэ дежьууэ. Даут и уэрэд
Зиусхьэным щӀыхь хуэфщӀ. Зиусхьэным, сигу, щӀыхь хуэщӀ.
Зиусхьэным и цӀэм щӀыхь хурещӀ; сыту жыпӀэмэ Абы и цӀэр псом нэхърэ нэхъ лъагэу Ӏэтащ. Абы щӀыхьу иӀэр щӀылъэми уафэми щыӀэ псоми я нэхъ инщ.
Зиусхьэным уи гъуэгу хуэгъазэ, щыгугъи, Абы къыпхуищӀэнщ.
Абыхэм я щхъухьыр блэ щхъухьым хуэдэщ, ущхъухьэкӀуэм и уэрэди,
УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Даут и уэрэд
Сыгуоуурэ, гуащӀаджэ сыхуащ, игъущӀыкӀащ си джийр; си Тхьэ, сыпхуэлӀэу сыппэплъэурэ, си нэр ешащ.
къуалэбзухэри, хым хэс бдзэжьейхэри, хым хэс псэущхьэхэри.
Тхьэхэм я зэӀущӀэм щыӀэу, Тхьэр и тахътэм тесщ, уафэм щыӀэу, хуэлажьэхэм я пащхьэ хьэкум щещӀэ:
УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ Корах и къуэхэм я уэрэд
– Езы Даут Мэссихьым «Сэ си ЗиусхьэнкӀэ» йоджэ, – къыщӀигъужащ Хьисэ. – Апхуэдэу щыщыткӀэ, Мэссихьыр Даут и къуэу дауэ зэрубжынур?
– Уэ узи-Зиусхьэнщ икӀи узи-Тхьэщ, – жриӀащ Фомэ Хьисэ.
А лъахъшапӀэ дыдэм къехар езы дыдэращ уафэ псоми нэхърэ нэхъ лъагэу дэкӀуеижар, къэхъугъэ псори щыщӀагъэ лъэпкъ хэмылъу нэгъэса ищӀын щхьэкӀэ.)
Пэжщ, Ӏуэху псоми пщӀэ ямыӀэжу солъытэ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ си Зиусхьэн Мэссихь Хьисэ зыхуэдэр зэзгъэщӀэныр Ӏуэхуу щыӀэ псом нэхъри нэхъыфӀщ. Абы сыхуэлэжьэн щхьэкӀэ, псори хэзнащ, Ӏуэху псоми пщӀэ ямыӀэжу солъытэ, Мэссихь си ӀыхьэфӀ хъун
Мыпхуэдэ дин пашэшхуэщ дызыхуэныкъуэр: и гур къабзэу, зыми зэригъэкъуэншэн лъэпкъ бгъэдэмылъу, лажьэ зыри имыӀэу, гуэныхь зыщӀэхэм яхэкӀыжауэ, уафэхэм я щыгу дэкӀуеижауэ.
ЦӀыху гупышхуэм я макъышхуэми, псыдзэ куэдым я макъышхуэми, уафэгъуагъуэм хуэдэ макъышхуэхэм мыпхуэдэу жаӀэу зэхэсхащ итӀанэ: «Аллилуя! ЛъэкӀыныгъэшхуэ псори зиӀэу, ди Зиусхьэну Тхьэм тепщэныгъэшхуэр зэриӀэр къигъэнэхуащ.