2 ЩӀыхь пхудощӀ Уэ, ди Тхьэ, щыпкъагъэкӀэ дыпщотхъу. Уи инагъри уи Ӏуэху щӀагъуэхэри доӀуатэ.
Пщыхэм емыкӀу ярещӀэ Абы, губгъуэ нэщӀ гъуэгуншэм къыщакӀухьыну къренэ.
Зи закъуэу Ӏуэхушхуэ щӀагъуэхэр зэфӀэзыхын зылъэкӀым – мыкӀуэдыжынщ Абы и лъагъуныгъэр;
НыбжьыщӀэхэр си деж фыкъакӀуи, фыкъызэдэӀу, Зиусхьэным фӀэлӀыкӀ хувиӀэну сэ фызгъэсэнщ.
Псыдзэшхуэм сромыгъэхьэжьэ, псы куум сыщӀумыгъэлъафэ, хьэдрыхэ и жьэ ущӀам сыжьэдумыгъахуэ.
Губгъуэ нэщӀым бгыр щикъутэри, лъащӀэ куу дыдэм кърихри, псы иригъэфащ загъэнщӀыху.
Уи цӀэ зыщӀэхэр къыпщогугъ, сыту жыпӀэмэ, Зиусхьэн, Уэ зыкъыпхуэзыгъазэхэр утыкум къибнэнкъым.
Цион Ӏуащхьэм тес Зиусхьэным и щӀыхь фӀуатэ, Абы и ӀуэхущӀафэхэм я хъыбар цӀыху лъэпкъхэм ялъэвгъэӀэс!
Фызыхуэсакъыж, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм хъумакӀуэу фызыхуигъэува цӀыху гупми фахуэсакъ. Мэлыхъуэм и нэӀэр мэлхэм зэратригъэтым хуэдэу, Зиусхьэнми Тхьэми я члисэ зэхуэсым щыщу, Хьисэ и лъы уасэкӀэ къищэхуахэм фи нэӀэ ятевгъэт.
Мэссихь и псэр дэр щхьэкӀэ итащ. И псэр щӀитар бзаджагъэ псоми дыхишыжу, ди щхьэхэр ищэхужын щхьэкӀэщ икӀи фӀы щӀэным дигурэ ди псэкӀи дыхэту, езым и лъэпкъ дыхъун папщӀэ, ди гур игъэкъэбзэжын щхьэкӀэщ.
УэрэдыщӀэ къыжаӀащ: «Тхылъыр пщтэну, и мыхъурхэри тепчыну уэ пхуэфащэщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыхухэм уфӀагъэжащ, уилъкӀэ унагъуэ лъэпкъ псоми, бзэ псоми, къэрал псоми, лъэпкъ псоми ящыщ цӀыхухэм я щхьэхэр Тхьэм папщӀэ къэпщэхужащ.