1 УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. «СумыгъэкӀуэд» уэрэдым и макъамэр щӀэлъу. Асаф и уэрэд. Уэрэд
Зиусхьэныр щхьэегъэзыпӀэ зыхуэсщӀащ; сыт щхьэкӀэ къызжефӀэрэ: «Фи къущхьэхэм лъэтэж бзум хуэдэу»?
ЕмыкӀу къызыпыкӀын Ӏуэху си пащхьэ къизгъэхуэнкъым: Тхьэм хуэмыщыпкъэхэм я Ӏуэху схуэлъагъуркъым; зыщыздзеинщ абыхэм я Ӏуэху.
Зиусхьэным игъэува хабзэр щыщӀагъэншэщ, уи гум и гуащӀэр егъэбыдэ, Зиусхьэным и псалъэ гъуазэр щыпкъэ защӀэщ, цӀыху къызэрыгуэкӀхэр абы акъылыфӀэ ещӀ.
Уи щыгъыну хъуам – смирнэ, алое, касие дагъэм я мэ ӀэфӀ къапех. Пыл къупщхьэкӀэ ягъэдэха унэ дэгъуэхэм шыкӀэ пшынэм ущагъэгуфӀэ.
УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Даут и уэрэд
УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Бзэпс зэрылъ пшынэкӀэ дожьу. Даут и уэрэд
Я гугъэ хуагъэзэнщ Тхьэм итӀанэ, Тхьэм и Ӏуэхухэр ящымыгъупщэу, и унафэхэр ягъэзэщӀэнщ.
Я адэжьхэми хуэдэнкъым – ерыщхэу, Тхьэм пэувхэу, теубыдагъэ зимыӀэхэу, зигу – зи псэкӀэ Тхьэм хуэмыщыпкъэхэм.
Ди Тхьэ! Хамэ лъэпкъхэр уи щӀыгу къихьащ, уи унэшхуэ лъапӀэр яуцӀэпӀри, Ерусалим зэхакъутащ;
Санащхьэм къещӀэкӀа бжыхьыр сыт щхьэкӀэ бгъэуа? Абы къыпыкӀэр блэкӀ псоми пач абы къыхэкӀкӀэ.
Зиусхьэн, лъэкӀыныгъэ псори зиӀэ ди Тхьэ! Уи цӀыху лъэпкъым и тхьэлъэӀум сыт хуэдизрэ хуэпщӀыну губжьыр?
сыту жыпӀэмэ ар ИзраилкӀэ хабзэщ, Екъуб и Тхьэм игъэува хабзэщ.
Уи тхьэкӀумэ къыхуэгъазэ, Зиусхьэн, си тхьэлъэӀу, си лъэӀу макъ къыщӀэдэӀу.
ЦӀыху лъэпкъхэм я унагъуэ щхьэхуэхэм фӀыщӀэ псори хуэфлъагъу Зиусхьэным, щӀыхьымрэ лъэкӀыныгъэмрэ хуэфлъагъу Зиусхьэным.
– Фымышынэ фэ гуп мащӀэр, фи Адэ лъапӀэм и Тепщэныгъэшхуэр къыщыскӀэ тепщэныгъэр къывитыну хуейщи.