4 Сыту жыпӀэмэ абыхэм къин ялъагъуркъым, псэуныгъи гуащӀи яӀэщ.
уи тепщэныгъэ башкӀэ абыхэм уеуэнщ; кхъуэщыным хуэдэу ахэр зэхэпкъутэнщ уэ».
Абы ейщ хыри, ар Абы къигъэщӀащ, ягъэпсащ и ӀитӀым щӀыгур.
Нэфхэр къоплъэж, лъашэхэр тэрэзу зекӀуэ, уэшын уз зэфыкӀхэр узыншэ, дэгухэм зэхах мэхъуж, лӀахэр къотэджыж, тхьэмыщкӀэхэм хъыбарыфӀыр къалъоӀэс.
А къалэшхуэр Тхьэм зэрызэхикъутам щхьэкӀэ уафэри, апостолхэри, бегъымбархэри, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэри фыгуфӀэ, бзаджагъэу къывищӀар Тхьэм а къалэм иригъэпшыныжащи».
Бегъымбархэм ялъри, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм ялъри, щӀылъэм щаукӀа псоми ялъри а къалэшхуэм къыщагъуэтащ».
ЦӀыхухэм я хьэкумыр зэратрищӀыхьыр пэжщ икӀи захуэщ. Зинэ щӀэнымкӀэ дунейр зыгъэкӀуэду щыта псэжьышхуэр абы игъэкъуэншащ. Езым хуэлажьэ цӀыхухэм я лъыуэ а псэжьышхуэм игъэжар Тхьэм иригъэпшыныжащ».