5 Дыгъэмрэ мазэмрэ щыӀэху, урегъэлъапӀэ уи цӀыхухэм – щӀэблэхэр зэкӀэлъыкӀуэу.
Шынагъуэшхуэм зэлъиубыдынщ ахэр, сыту жыпӀэмэ Тхьэр къыхуэпэжхэм ящӀыгъущ.
Ухуеякъым къурмэн тыгъэ лъапӀи; си тхьэкӀумэхэм зэхахын ялъэкӀыну пщӀащ Уэ; гуэныхьхэм папщӀэ жьэрымэ згъэунуи къурмэн сщӀынуи Уэ укъыщӀэдэуакъым.
абы и цӀэр игъащӀэкӀэ щреӀэ, иремыкӀуэд дыгъэр щыӀэху. Лъэпкъхэм абы и хьэтыркӀэ Тхьэм и нэфӀ къащрехуэ. ЦӀыху лъэпкъ псоми Ар гъуэгу махуэ теувауэ жреӀэ.
Сабийр хэхъуащ, гукӀи псэкӀи зиужьащ, зэхэщӀыкӀышхуи иӀэ хъури, Тхьэм и нэфӀи къыщыхуащ.
ЕзымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зэрывиӀэм щхьэкӀэ, ӀыхьэфӀыр къытлъигъэсыну дыщызыгъэгугъ Тхьэм гуфӀэгъуэшхуэрэ гузэгъэгъуэшхуэрэ фигухэм кърырелъхьэ, езым и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ фигухэм гугъэшхуэр из хъун щхьэкӀэ.
Абы нэмыщӀ, уи сабиигъуэм къыщыщӀэдзауэ Тхьэм и псалъэ тха лъапӀэхэм хэтыр зэбгъэщӀащ. Мэссихь ХьисэкӀэ уиӀэ фӀэщхъуныгъэмкӀэ умыкӀуэду укъызэрелынур а тхылъхэм къыбгурагъэӀуэн ялъокӀ.