Мы лӀыр аракъэ къызжезыӀар: «Ар си шыпхъущ» жиӀэу? Езы бзылъхугъэми къызжиӀакъэ: «Ар си дэлъхущ» жиӀэри? Сэ ар зэрысщӀар сигу хьэрэмыгъэншэмрэ си Ӏэ къабзэхэмрэкӀэщ.
Зиусхьэныращ сыкъэзыхъумэ абрэмывэ быдапӀэу сиӀэр, бийхэм саӀэщӀэзыхыр, си Тхьэр – си къуршу щхьэегъэзыпӀэу сиӀэр, си мэӀур, сыкъезыгъэл гуащӀэшхуэр, си щтапӀэр.
Ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и цӀыху лъапӀэ псори и гъусэу мы дунейм къыщыкӀуэжкӀэ, зыми фызэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэу, гукъабзагъэкӀэ Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэм и пащхьэм фиувэн щхьэкӀэ, фи гур ирегъэбыдэ.