Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Уэрэд 7:8 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

8 ЦӀыху куэд дыдэ кърыроувэкӀ; абыхэм я щхьэкӀэ лъагэу къиувэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Уэрэд 7:8
23 Iomraidhean Croise  

Дауэ хъун Уэ ар пщӀэну, щыпкъагъэ зиӀэри зимыӀэри зэдэбгъэкӀуэдыну, щыпкъагъэ зимыӀэм къыщыщӀыр щыпкъагъэ зиӀэм къехъулӀэу; дауэ хъун Уэ ар къыббгъэдэкӀыу! ЩӀылъэ псом и хеящӀэм дауэ лей зэрихьэн?


Ибрэхьим и Тхьэмрэ Нахъор и Тхьэмрэ ди якум хеящӀэу дрет, абыхэм я адэм и Тхьэр. Екъуб тхьэлъанэ ищӀащ езым и адэ Исхьэкъ и цӀэкӀэ.


Зиусхьэным ирегъэувыӀэ щытхъу нэпцӀ жызыӀэ жьэ псори, зыщытхъуж бзэгухэр,


Зиусхьэныр си нэхунэщ, си КъегъэлакӀуэщ: хэт сызыщышынэнур? Зиусхьэныр си гъащӀэм и хъумапӀэщ: хэт шынагъэ зыхузиӀэнур?


Уи гъуэгур сыгъащӀэ, Зиусхьэн, си бийхэм сащыпхъумэну, гъуэгу захуэм сытегъэхьэ:


Сыт узыгъэхыщӀэр, сигу, сыт узыгъэгумэщӀыр? Тхьэм щыгугъ, зышыӀэ; сыту жыпӀэмэ сэ Абы щытхъу хуэсщӀынщ ыджыри, – си КъегъэлакӀуэу си Тхьэм.


УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Корах и къуэхэм я уэрэд


Уэрэд. Асаф и уэрэд


Ауэ Зиусхьэныр и тахътэм тесынщ игъащӀэкӀэ; хьэкум ищӀэну и тахътэр къигъэуващ Абы.


Зиусхьэну ди Тхьэм и щӀыхьыр фӀэт, Абы щхьэщэ щыхуэфщӀ и бгы лъапӀэм – лъапӀэщ Зиусхьэну ди Тхьэр!


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм зы махуэ игъэуващ. Езым къигъэлъэгъуа лӀым дунейм и цӀыху псоми хьэкум захуэ ятригъэщӀыхьынущ а махуэм. Апхуэдэу зэрыхъунур Тхьэм цӀыху псоми ягуригъэӀуащ а лӀыр лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжурэ.


Мыращ дызэрыпагэр: Хьилагъэ лъэпкъ ди гум имылъу, Тхьэм и гум ирихь мурад къабзагъэ диӀэу мы дунейм, псоми япэу фи деж, дызэрыщыпсэуамкӀэ ди гур щыхьэт мэхъу. Тхьэм и нэфӀ къызэрытщыхуам папщӀэ апхуэдэу дыпсэуащ, ахъумэ мы дунейм тет цӀыхухэм я акъылыфӀагъэу жыхуаӀэм и хьэтыркӀэкъым.


Зыми дызэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэу, гукъабзагъэкӀи щыпкъагъэкӀи фэ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм, дыфхэту зэрыщытамкӀэ фыдищыхьэтщ, Тхьэри ди щыхьэтщ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan