7 ЗыкъэӀэт, Зиусхьэн, уи губжьым ухэту, си бийхэм я губжьышхуэм сыщыхъумэ, си хьэтыркӀэ зыкъэгъэхъей – хьэкум ятепщӀыхьыну бухэсащ.
СфӀэгъэщӀэгъуэн дыдэщ Уэ зэхэщӀыкӀыу къысхууиӀэр – куущ, сылъэӀэсын слъэкӀыркъым.
УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Корах и къуэхэм я уэрэд
Хэти елъагъу акъылыфӀэхэри зэрылӀэр; ахьмакъхэри акъылыншэхэри зэрылӀэу, я мылъкур нэгъуэщӀым къыхуонэ.
Уи цӀыху лъэпкъым гугъуехь ебгъэшэчащ, дыщхьэщызыху санэ дебгъэфащ.
Псалъэ пагэхэр къажьэдокӀ; бзаджащӀэ псоми зафӀэлъэщщ.
А къалэшхуэр Тхьэм зэрызэхикъутам щхьэкӀэ уафэри, апостолхэри, бегъымбархэри, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэри фыгуфӀэ, бзаджагъэу къывищӀар Тхьэм а къалэм иригъэпшыныжащи».
ЦӀыхухэм я хьэкумыр зэратрищӀыхьыр пэжщ икӀи захуэщ. Зинэ щӀэнымкӀэ дунейр зыгъэкӀуэду щыта псэжьышхуэр абы игъэкъуэншащ. Езым хуэлажьэ цӀыхухэм я лъыуэ а псэжьышхуэм игъэжар Тхьэм иригъэпшыныжащ».