10 БзаджащӀэхэм я гужьгъэжьыр еудых, щыпкъагъэ зиӀэр гъэбыдэ: Уэращ цӀыхухэм ягури я фэри зыгъэунэхур, Тхьэ захуэ!
А къэхъукъащӀэхэм я ужькӀэ Зиусхьэныр Ибрам къыхуэлъагъуэри и псалъэ къылъигъэсащ: – Умышынэ, Ибрам; Сэ уэ СыуимэӀухущ; уи ӀыхьэфӀыр ин хъунущ.
Иджы щегъэжьауэ игъащӀэкӀэ Зиусхьэным и цӀэм щӀыхь хуэфщӀ.
ГъэрыпӀэм къишыжи, Зиусхьэн, къегъэгъэзэж ди цӀыхухэм – псыхъуэ нэщӀхэм псыр къызэрыдэпшэжым хуэдэу.
Сэ къыстепсэлъыхьу, куэдым жаӀэ: «Утыкум ар Тхьэм къринащ».
ЗэӀущӀэнщ лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжымрэ щыпкъагъэмрэ, щыпкъагъэмрэ мамырыгъэмрэ зэбэунщ.