Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Уэрэд 69:3 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

3 Я напэ трырекӀ, емыкӀуи кърехь си псэм къещэхэм! Мыгъуагъэ къызэхъулӀэн зыфӀэигъуэхэр я напэ текӀауэ зэщӀрекӀуэж!

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Уэрэд 69:3
18 Iomraidhean Croise  

ХъупӀэ щӀагъуэхэм гупсэхуу сыщегъэпсэу Абы, сыбгъэдешэ псы Ӏэсэхэм.


Ухуеякъым къурмэн тыгъэ лъапӀи; си тхьэкӀумэхэм зэхахын ялъэкӀыну пщӀащ Уэ; гуэныхьхэм папщӀэ жьэрымэ згъэунуи къурмэн сщӀынуи Уэ укъыщӀэдэуакъым.


Зиусхьэным ар къихъумэнщ, псэууэ къигъэнэнщ. ЩӀыгум ар щынасыпыфӀэнщ. И бийхэм я Ӏэ ирилъхьэнкъым ар.


Сыту жыпӀэмэ ажал зыгъуэтам игу Уэ укъэкӀыжынукъым: хьэдрыхэ щыӀэу уи щӀыхьыр хэт яхуэзыӀуэтэнур?


Сыту жыпӀэмэ уафэгум щыӀэу хэт къыуагъэпщэн Уэ? Уафэм щыӀэхэм ящыщу, хэт Зиусхьэным хуэдэр?


И лэжьыгъэр зэрынигъэсар ищӀэрти, Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтхэр пэж хъун щхьэкӀэ, Хьисэ жиӀащ: – Псы схуолӀэ.


Хьисэ дунейм щытета махуэхэм макъ хэӀэтыкӀакӀэ джэурэ, и нэпсыр къежэхыурэ, лӀэныгъэм къыӀэщӀэзыхыфыну Тхьэм и фӀэщу елъэӀуащ. ЗэредаӀуэм щхьэкӀэ абы и макъыр Тхьэм зэхихащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan