5 Ди Тхьэм уэрэд хужыфӀэ, Абы и цӀэм щытхъу уэрэд хужыфӀэ, Уафэгум щызекӀуэм щӀыхь хуэфщӀ; Абы и цӀэр Зиусхьэнщ; Абы и пащхьэ фыщыгуфӀэ.
Зэбгрыху Уэ ахэр, Ӏугъуэр зэрыкӀуэдыжым хуэдэу; Тхьэм и пащхьэ щрекӀуэд бзаджащӀэхэр, мафӀэм шэхур зэригъэткӀум хуэдэу.
Дунеишхуэм хьэкумыр щыпкъагъэкӀэ трещӀыхь Абы, захуагъэ хэлъу цӀыху лъэпкъхэм я Ӏуэхухэр зэхеху.