3 Уэ, ди Тхьэ! Дебгъэзащ дэ, дызэхэпкъутащ, укъытхуэгубжьащ: зыкъытхуэгъазэ.
Жьэрымэ гурыхьым хуэдэу уи пащхьэ ирехьэ си тхьэлъэӀур; си Ӏэр къызэрыпхуэсӀэтыр си пщыхьэщхьэ къурмэн хуэдэ ирехъу.
Сыт зыкъызыхуаӀэтыр щӀым щытепщэхэр, зэгуроӀуэ тепщэныгъэ зиӀэхэр, Зиусхьэнми Абы Хихами пэувыжхэу?
И бзаджэщӀагъэм папщӀэ цӀыхур бгъэпшынэмэ, щыгъыныр хъуным зэрехъулӀэу, абы уасэ зыхуищӀыр уогъэкӀуэд. Аращ, дэтхэнэ цӀыхури зы жьыкъэшэгъуэщ!
Уафэгум нэхърэ нэхъ лъагэу уӀэтауэ ирехъу Уэ, ди Тхьэр, щӀыгум дэнэкӀи уи щӀыхьыр щрыреӀэ.
«Дэгъуэщ! Дэгъуэщ!» къызжаӀэурэ къысщыдышхыхэр я напэ текӀауэ зэщӀрекӀуэж.
Апхуэдэу щӀэхъун хуейр мы псалъэу абыхэм я Торэт хабзэм итхэр пэж хъун щхьэкӀэщ: «Сэ лажьэ симыӀэу щытми, сыкъалъагъу мыхъу хъуащ».
– Ауэ уэ абыхэм уемыдаӀуэ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ абыхэм ящыщу лӀы плӀыщӀым щӀигъу Паул яукӀын мурад щэху яӀэу поплъэ. Абыхэм ар ямыукӀауэ мышхэну икӀи емыфэну тхьэ яӀуащ. Загъэхьэзырауэ, уи унафэм поплъэри щысщ.