1 УэрэдыӀуэхэм пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ Бзэпс зэрылъ ӀэмэпсымэхэмкӀэ ягъэӀу
И унэшхуэ лъапӀэм исщ Зиусхьэныр, Абы и тахътэр уафэгум итщ, Абы и нэхэм ялъагъу; Абы и нэплъэгъухэм дунейм и цӀыхухэр ягъэунэху.
МафӀэлыгъэри тхъуэбзащхъуэри, уэшхыр къызэрешхым хуэдэу, Абы цӀыху бзаджэхэм къахуригъэхынущ, узылыгъуэ жьыбгъэ пщтырыр Ӏыхьэу яхуегъэфащэ Зиусхьэным.
Эзрак и къуэ Этан иуса уэрэд
Ауэ сэ нывжызоӀэ, и къуэшым хуэгубжь дэтхэнэри хеящӀэм и пащхьэм ирашэнущ. И къуэшым «Уэ уи щхьэр нэщӀщ!» жезыӀэр Тхьэмадэ Хасэшхуэм и пащхьэм ирашэнущ. И къуэшым «Уэ уакъылыншэщ!» жезыӀэр жыхьэнмэ мафӀэм хыхьэнущ.
– Ауэ Тхьэм абы къыжриӀащ: «Уэ уцӀыху акъылыншэщ! Мы жэщ дыдэм уи псэр хэсхынущ. Мы бгъэтӀылъахэр хэт къызыхуэнэжынур?»
Тхьэр ящӀэу щыт пэтми, Тхьэм хуэфащэ лъытэныгъэри щӀыхьышхуэри хуащӀакъым. Ауэ я гупсысэхэр пщӀэншэ хъуащ, зэхэщӀыкӀ зимыӀэ ягухэри кӀыфӀу къэнащ.
Абы нэмыщӀу, Тхьэр ящӀэну зэрамыдам щхьэкӀэ, емыкӀу Ӏуэхухэр ящӀэну акъыл пхэнж яӀэу Тхьэм ахэр къигъэнащ.
Апхуэдэ цӀыхухэм ялэжь Ӏуэху щэхухэм я гугъу пщӀын къудейри емыкӀущ.
Тхьэр зымыщӀэ цӀыхухэм я псэукӀэм хуэдэу, фэри пасэрей зэманым фызэрыпсэууэ щытар куэдкъэ? МыхъумыщӀэ псэукӀэм зефтурэ фыпсэуащ, хъуэпсэныгъэ фӀейхэм фыкърашэкӀыу щытащ, удэфэнми ефэ-ешхэми щхьэрутӀыпщу фыхэтащ. Тхьэ нэпцӀ гъэлъэпӀэным фыхэтащ.