Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Уэрэд 5:9 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

9 Зиусхьэн! Си бийхэм ягу хэбгъэщӀу, уи щыпкъагъэм и гъуэгукӀэ сызешэ. Уи гъуэгур занщӀэ къысхуэщӀ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Уэрэд 5:9
25 Iomraidhean Croise  

УзэкӀуэдылӀэн псалъэу щыӀэхэр уэ уи щӀасэщ, уэ бзэгу хьилэщ.


Акъылыншэм игукӀэ жеӀэ: «ЩыӀэкъым Тхьэ». Абыхэм я акъылыр зэкӀуэкӀащ, Бзаджагъэ Ӏейхэр ялэжьащ; фӀы зыщӀэ яхэткъым абыхэм


Уи лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжыр гъащӀэм нэхърэ нэхъыфӀщи, щӀыхь пхуэсщӀынщ.


Си псэр пкӀэрыпщӀащ Уэ. Уи Ӏэ ижьым сэ сиӀыгъщ.


Ӏуэхушхуэ щӀагъуэхэмкӀэ укъытпогъуэкӀ, текӀуэныгъэ къыдыбогъэхь, ди Тхьэ, ди КъегъэлакӀуэ, щӀыгум и къуапэ псоми щыпсэу цӀыхухэри, хы жыжьэхэм тетри Уэ къыпщогугъ.


– Фэ, фарисейхэм, фи фалъэхэмрэ фи лагъэхэмрэ я щӀыфэр фогъэкъабзэ, – жриӀащ Зиусхьэным абы, – ауэ нэпсеягъэрэ бзаджагъэрэ фӀэкӀа, зыри фкӀуэцӀылъкъым.


– Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ фэ, торэт егъэджакӀуэ пашэхэри, фарисейхэри, фэ, бзитӀщхьитӀхэ, фэ кхъащхьэ хэкӀудэжахэм фахуэдэщи. ЦӀыхухэм гу лъамытэурэ, абыхэм я гущӀыӀум фрокӀуэ.


Я джийхэр щхьэ зытемылъ кхъэлэгъунэ фӀейхэм яхуэдэщ. Я бзэхэмкӀэ цӀыхухэр къагъапцӀэ. Блэм и щхъухьыр я бзэгупэм телъщ.


ГъафӀэбзэ нэпцӀкӀэ дызэрыфхущымытар фощӀэ, фи фӀагъ зэдгъэкӀыну гъэпщкӀуауэ муради диӀакъым. АбыкӀэ Тхьэр ди щыхьэтщ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan