8 Ауэ сэ, лъагъуныгъэ мыкӀуэдыж къысхуэпщӀащи, сыкъихьэнщ Уи унэ, сыпфӀэлӀыкӀыу уи унэшхуэ лъапӀэм ущызгъэлъэпӀэнщ.
СызыщытӀысри сыкъыщытэджыжри Уэ уощӀэ. Си гупсысэхэр жыжьэу къыбощӀэ.
Гъуэгу махуэ теуващ зи хабзэншагъэ зыхуигъэгъуу, зи гуэныхьыр Тхьэм зыхуигъэкӀуэдар.
Си гур къокӀэзызыкӀ, сыӀэщӀэхуащ ажал шынагъуэшхуэм.
Моаб – зызэрыстхьэщӀ Ӏэгубжьэщ, Эдом – си шырыкъур тезгъэувэнщ, Филишт щӀыгум си макъыр гуфӀэгъуэшхуэкӀэ щысӀэтынщ».
Иуанщ Ешайа бегъымбарым мыр жиӀэу зытепсэлъыхьар: «Губгъуэ нэщӀым джэ макъ къыщоӀу: Зиусхьэным гъуэгур хуэвгъэпси, и лъагъуэхэр захуэ хуэфщӀ».
ЦӀыху лъашэр нэхъ Ӏей фымыгъэхъуу, ар хъужын щхьэкӀэ, гъуэгу захуэм фрикӀуэ.