7 ПцӀы зыупсхэр уогъэкӀуэд Уэ; лъыгъажэмрэ хьилагъэмрэ Зиусхьэным нэмыплъ ярет.
Губгъуэ нэщӀым ис бзуушхуэм хуэдэу сыхъуащ, унэ зэхэкъутам тес жьындум ещхь сыхъуащ.
СызыщытӀысри сыкъыщытэджыжри Уэ уощӀэ. Си гупсысэхэр жыжьэу къыбощӀэ.
Хуэвгъэфащэ Зиусхьэным и цӀэм щӀыхь, фащэ лъапӀэр фщыгъыу, Зиусхьэным щхьэщэ хуэфщӀ!
Зиусхьэн! Сыт хуэдизрэ уеплъыну абы? Я залымыгъэхэм саӀэпыхыж, си гъащӀэр ящыхъумэ аслъэнхэм.
УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Даут и усыгъэ
Апхуэдэурэ, Иудей, Галилей, Самарие хэку псоми щыӀэ члисэ зэхуэсхэм мамырыгъэ яӀэ хъуащ. ФӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм гурэ псэкӀэ нэхъ къару ягъуэтурэ, Зиусхьэным и фӀэлӀыкӀыр я гум илъурэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм игъэгушхуэурэ, ахэр нэхъыбэ хъуащ.
Аращи, дэӀэпыкъуэгъу дыхуэныкъуэ щыхъукӀэ, Тхьэм гущӀэгъу къытхуищӀын икӀи и нэфӀ къытщыхуэн щхьэкӀэ Зи гущӀэгъур иным и тахътэм дыгушхуауэ девгъэкӀуалӀэ.