2 Мыбы фыкъедаӀуэ цӀыху лъэпкъ псори; мыр зэхэфх, дунеишхуэм тет псори –
абыхэм я щӀыгур Ӏыхьэу зытам – мыкӀуэдыжынщ Абы и лъагъуныгъэр;
Батшэбэ бзылъхугъэм деж ихьа нэужь, Натан бегъымбарыр къыщыхуэкӀуэм, Даут иуса уэрэд.
Си тхьэусыхафэр Тхьэм изохьэлӀэ, си макъ соӀэт, Абы сыкъыхихын папщӀэ.
Уи пащхьэ ирехьэ си тхьэлъэӀур; Уи тхьэкӀумэ къыхуэгъазэ си джэ макъым.
ЩӀылъэмкӀи тхьэ фымыӀуэ, ар Тхьэм и лъэр зытет лъэгущӀэтын лъапӀэщи. ЕрусалимкӀи тхьэ фымыӀуэ, ар пащтыхьышхуэм и къалэщи.
Фэ фыкъыздэкӀуар Сион Ӏуащхьэр арщ, гъащӀэ зиӀэ Тхьэм и къалэшхуэу, уафэм щыӀэ Ерусалиму мелыӀычхэр мин бжыгъэкӀэ здэщыӀэр арщ.