1 УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Корах и къуэхэм я уэрэд. Уэрэд
Тепщэныгъэ зиӀэхэм фащымыгугъ, цӀыхум и къуэхэу дэӀэпыкъуэгъу хъун зылъэмыкӀынухэм.
Цы увым хуэдэу уэсыр къет; жэпыр яжьэу кърепхъых.
«Си Ӏуащхьэ лъапӀэу Ционым тепщэныгъэр щиӀыгъыну си пащтыхьыр тезгъэуващ».
УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Даут и уэрэд
Уэ, си Тхьэ, си Ӏуэху къызэхэху, фӀэлӀыкӀ къыпхузимыӀэ цӀыху лъэпкъым сыщыпхъумэурэ, сызэрыхейр ӀупщӀ щӀы. Хьилагъэ зезыхьэ цӀыхухэм, мызахуэхэм саӀэщӀэхыж.
УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Корах и къуэхэм папщӀэ. Уэрэд
ЦӀыху лъэпкъхэр ди Ӏэ кърилъхьащ, лъэпкъ цӀыкӀухэр ди лъэгу къыщӀигъэуващ.
Жьыбгъэшхуэм Таршиш кӀуэ кхъухьхэр зэрихуэм хуэдэу, зэхэптхъуащ Уэ псори.
ГуфӀэгъуэ макъыр хуэфӀэт зэрыщӀыгуу.
Уэрэд. Корах и къуэхэм я уэрэд. Махалат Леанот ехьэлӀащ. Эзрах и къуэ Хьэмэн иуса уэрэд
Уи пащхьэ ирехьэ си тхьэлъэӀур; Уи тхьэкӀумэ къыхуэгъазэ си джэ макъым.
Абы и хъуэпскӀым зэщӀегъэнахуэ дунеишхуэр; ар елъагъури, мэтхытх щӀыгур.
– Аращи, Даниил бегъымбарыр зытепсэлъыхьа «Зэхэзыкъутэ ГущыкӀыгъуэур» щӀыпӀэ лъапӀэм иту щыфлъагъукӀэ (еджэм ар къыгурыреӀуэ),
Фэ фыкъыздэкӀуар Сион Ӏуащхьэр арщ, гъащӀэ зиӀэ Тхьэм и къалэшхуэу, уафэм щыӀэ Ерусалиму мелыӀычхэр мин бжыгъэкӀэ здэщыӀэр арщ.
Тахътэм къиӀукӀа макъ гуэрым къыжиӀащ абдежым: «Тхьэм хуэлажьэ цӀыху псоми, Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зи гум илъхэми, цӀыкӀуми инми, Тхьэм щӀыхьышхуэ хуэфщӀ!»
Къалэшхуэ лъапӀэу ЕрусалимыщӀэр Тхьэм деж къикӀыу, уафэм къехыу слъэгъуащ абы и ужькӀэ. НысащӀэ хъунум щауэм зэрызыхуигъэщӀэращӀэм хуэдэу, зигъэхьэзырат абы.