1 Уэрэд. Корах и къуэхэм я уэрэд
Уэ, си Тхьэ, си Ӏуэху къызэхэху, фӀэлӀыкӀ къыпхузимыӀэ цӀыху лъэпкъым сыщыпхъумэурэ, сызэрыхейр ӀупщӀ щӀы. Хьилагъэ зезыхьэ цӀыхухэм, мызахуэхэм саӀэщӀэхыж.
УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Корах и къуэхэм папщӀэ. Уэрэд
Сыту жыпӀэмэ пащтыхьхэр зэӀущӀэри, псори абы ебгъэрыкӀуащ яубыну;
ЛъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ Пащтыхьу тэрэзыныгъэр зи щӀасэ, Уэ захуагъэр бгъэпсащ: Захуагъэмрэ щыпкъагъэмрэ Израилым щыбгъэуващ.
Зиусхьэну ди Тхьэ! Уэ зэхэпхащ абыхэм я лъэӀу: яхуэзыгъэгъу Тхьэуэ ураӀащ Уэ, итӀани я бзаджэщӀагъэхэмкӀэ бгъэпшынэжащ.