2 Сыту жыпӀэмэ щхьэегъэзыпӀэкӀэ зызыхуэзгъазэ Тхьэр Уэращ. Сыт щхьэкӀэ сыхыфӀэбдза? Бийм сригъэзурэ, сигъэнэщхъейуэ сыт щхьэкӀэ сыкъекӀуэкӀрэ?
Ялэжьам елъытауэ ядэпсэу, яхуэфащэмкӀэ етэж абыхэм; я бзаджэщӀагъэ егъэпшыныж, я ӀэщӀагъэ пегъуэкӀ егъэгъуэтыж.
Сыту жыпӀэмэ абыхэм я джатэкӀэкъым щӀыгур зэраубыдар, я гуащӀэркъым текӀуэныгъэр къахуэзыхьар – Уи Ӏэ ижьымкӀэщ, уи гуащӀэкӀэщ, уи нэгу и нэхугъэкӀэщ; сыту жыпӀэмэ Уэ абыхэм нэфӀкӀэ уеплъащ.
УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Даут и уэрэд
СащыгъэпщкӀу мэхъаджэхэм я гухэлъхэм, бзаджащӀэхэм – я гухэлъ щэхухэм.
Аращи, Абы фӀэлӀыкӀ хузиӀэхэр, къригъэлыным пэжыжьэкъым, и щӀыхьыр ди щӀыгум тез ирехъу!
Зиусхьэн! Уэ уи щӀыгум нэфӀкӀэ укъеплъыгъащ, Екъуб и мылъкур ебгъэгъуэтыжыгъащ.
Уи губжьыр зэхэпхьэжащ, уи губжь лъэщым уи щӀыб хуэбгъэзащ.
ГуащӀэ къытхэплъхьэжынкъэ, дэ, уи цӀыху лъэпкъым, гуфӀэгъуэ къыдэптыжынукъэ?
Адэ лъапӀэм цӀыхухэм гъащӀэ зэрыритым хуэдэу, абы и Къуэми цӀыхухэм гъащӀэ иритыну тепщэныгъэ къритащ.
Махуэшхуэхэм ящыщу иужьрей я нэхъ лъапӀэ махуэм къэуври, Хьисэ макъ хэӀэтыкӀакӀэ жиӀащ: – Псы хуэлӀэр си деж кърекӀуи, ирефэ.
екӀуу дызэревгъэблэгъари, гъащӀэ зиӀэ Тхьэ щыпкъэм фыхуэлэжьэн щхьэкӀэ, тхьэ нэпцӀхэм фи щӀыбагъыр зэрыхуэвгъэзари абыхэми яӀуэтэж.
ЦӀыхухэм гъащӀэ къезыт псыуэ кристаллым хуэдэу къабзэр мелыӀычым сигъэлъэгъуащ итӀанэ. Тхьэмрэ Щынэмрэ я тахътэм къикӀыу,