Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Уэрэд 4:7 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

7 Куэдым жаӀэ: «ХуэщӀауэ дыпсэуатэмэ!» Уи нэгум и нэху къыттегъапсэ, Зиусхьэн!

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Уэрэд 4:7
14 Iomraidhean Croise  

Губжьу къысхууиӀэм си Ӏэпкълъэпкъым щӀыпӀэ псэу къыхинаӀакъым; гуэныхьу сиӀэхэм сагъэпсэуркъым узыншэу.


Сыту жыпӀэмэ абыхэм я джатэкӀэкъым щӀыгур зэраубыдар, я гуащӀэркъым текӀуэныгъэр къахуэзыхьар – Уи Ӏэ ижьымкӀэщ, уи гуащӀэкӀэщ, уи нэгу и нэхугъэкӀэщ; сыту жыпӀэмэ Уэ абыхэм нэфӀкӀэ уеплъащ.


Къретэдж Тхьэр, зэбгрырекӀыж Абы и бийхэр. Ар зылъагъу мыхъухэр Абы и пащхьэ ирекӀыж!


МахуэщӀэ махуэу бжьамийм фепщэ, мазэщӀэми, мазэм щизыгъуэми,


Ауэ псыбэм я къибыргъукӀ макъ нэхъри, толъкъунхэм я макъ нэхъри, Зиусхьэныр лъагапӀэм щынэхъ лъэщщ.


Апхуэдэу щыт пэтми, Тхьэм щыхьэтыншэ зищӀакъым: Уафэм къикӀыу уэшх къытхуригъэшхыу, и игъуэм гъавэр къытхуигъэкӀыу, шхын дыхуимыгъэныкъуэу, дигъэгуфӀэу, фӀыгъуэшхуэхэр къытхуищӀэ зэпытщ.


Хьисэ Мэссихь фымылъэгъуауэ щыт пэтми, фӀыуэ фолъагъу. ИджыкӀэ фымылъагъу пэтми, абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэщ, псалъэхэм жамыӀэфыну щӀыхьышхуэ зыхэлъ гуфӀэгъуэшхуи фи гум илъщ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan