3 Фэ, зыкъызыфӀэщӀыжхэм, си щӀыхьыр сыт хуэдизрэ вгъэпудыну? Ӏуэху пщӀэншэхэм зыдевгъэхьэхыу, пцӀым сыт хуэдизрэ фыхэтыну?
Ауэ сэ сыщылъэпэрапэм, ахэр гуфӀэурэ зэгухьэжащ; къысщыдыхьэшхыурэ, зэщӀыгъуу саубурэ, фӀеягъэу къысхужаӀэнум гъунэ хуащӀакъым.
Къос ди Тхьэр, Абы зиущэхуркъым: Абы и пэ итщ мафӀэлыгъейр, жьыбгъэшхуэр къещӀэкӀащ Абы.
Сыту жыпӀэмэ бзаджагъэу злэжьар зыдызощӀэж, гуэныхьу злэжьахэр си пащхьэ илъщ.
Къэуш, си псэ. Къэуш пшынэдыкъуакъуэр, шыкӀэпшынэр! Сэ нэхущыр къэзгъэушынщ.
Нэщхъеягъуэм ирихащ си нэр, иригъэгъукӀащ, жьы хъуащ си бийхэм я ягъэкӀэ.
Сэ си псэм къещэхэр ирекӀуэ хьэдрыхэ.
Фэ сэ сыкъыхэфхакъым, атӀэ сэ фэ фыкъыхэсхащ. Фэ дунейм фыкӀуэу, фӀыгъуэ къыфпыкӀыну, а фӀыгъуэри мыкӀудыжыну згъэуващ. Абы щыгъуэ Адэ лъапӀэм сэ си цӀэкӀэ сыт ищӀыскӀэ фелъэӀуми, ар къыфхуищӀэнущ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ иджы дызэрыщытым хуэдэу дызыщӀар Тхьэращ. Мэссихь ди псэм щыщыну Тхьэм дыкъигъэщӀащ, Тхьэм къытхуигъэхьэзыра ӀуэхуфӀхэр длэжьын щхьэкӀэ.
Ауэ Тхьэм игъэува лъабжьэ быдэр сыт щыгъуи щыӀэнущ. Мыхъурым хуэдэу абы тедзащ: «Зиусхьэным езым и цӀыхухэр ещӀэ», икӀи «Зиусхьэным и цӀэр зыщтэ дэтхэнэми и щӀыбыр бзаджагъэм и гъуэгум хурегъазэ».
Мэссихь и псэр дэр щхьэкӀэ итащ. И псэр щӀитар бзаджагъэ псоми дыхишыжу, ди щхьэхэр ищэхужын щхьэкӀэщ икӀи фӀы щӀэным дигурэ ди псэкӀи дыхэту, езым и лъэпкъ дыхъун папщӀэ, ди гур игъэкъэбзэжын щхьэкӀэщ.
Ауэ фэ Тхьэм къыхиха лъэпкъыу, Тхьэуэ пащтыхьым хуэлажьэ дин пашэхэу, лъэпкъ лъапӀэу икӀи Тхьэм и цӀыхухэу фыщытщ. Апхуэдэу щӀэхъуар кӀыфӀыгъэм фыкъыхэкӀыжу, нэхунэшхуэм фыхыхьэну фыкъыхуезыджа Тхьэм и Ӏуэху телъыджэхэр фӀуэтэн щхьэкӀэщ.
Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зи гум илъхэм я щыпкъагъэр гъэунэхуа щыхъукӀэ, Тхьэм ахэр къиным къызэрыхишыжыну щӀыкӀэр ещӀэ. Щыпкъагъэ зигу имылъхэми я бзаджагъэр яригъэпшыныжын щхьэкӀэ, къемэтмахуэм нэсыху къызэрихъумэну щӀыкӀэри ещӀэ абы,