2 ЗысшыӀэурэ, Зиусхьэным сежьэрти, Абы зыкъысхуигъазэри, си джэ макъ къызэхихащ;
Си псэм хулъэмыкӀыж щыхъукӀэ, уи нэӀэ си гъуэгум къытетщ Уэ. Абыхэм щэхуу си гъуэгум хъы къытрагъэуващ.
Си ныбжьэгъу, си къуэш сахуэщыгъуэ хуэдэу, садызекӀуащ; си анэ щхьэкӀэ сыщыгъуэ хуэдэу, сыкъекӀуэкӀащ, си щхьэ ухуауэ, сынэщхъейуэ сахэтащ.
– Фэ фигукӀэ вгъэлъапӀэ Ӏуэхугъуэхэр хьэхэм евмыт. Налкъутналмэсхэр кхъуэхэм я пащхьэм щивмыкъухь. Апхуэдэу фщӀымэ, абыхэм ахэр яутэнущ, къагъэзэжынурэ, фэри фызэпкъратхъынущ.
Дэ Ӏуэхуу тлъэгъуамрэ зэхэтхамрэ дымыӀуэтэжу хъунукъым.