8 Щрешынэ зэрыщӀыгуу Зиусхьэным; дунеишхуэм тет псори Абы и пащхьэм щрекӀэзыз.
Зызгъэщхъри згъэлъэпӀащ сэ Зиусхьэныр, щӀыхьи хуэсщӀащ Зиусхьэным, си тепщэ Ибрэхьим и Зиусхьэну си тепщэм и къуэшым и пхъур абы и къуэм хуэсшэн папщӀэ, гъуэгу занщӀэкӀэ сыкъэзышам.
мыхъумыщӀэхэр зи жьэм къыжьэдэкӀхэу, тхьэлъанэ ящӀми, пцӀы зыупсхэм.
Сэ гъуэгу захуэм сытетщ; Зиусхьэным и щӀыхьыр щысӀуэтэнщ зэхуэсышхуэм.
Езым хуэщыпкъэхэр къадэӀэпыкъуну щелъэӀукӀэ, Зиусхьэным ахэр зэхех, я тхьэмыщкӀагъуэ псоми хешыж.
Щыхьэт нэпцӀхэр къыспэуващ сэ: сызыщымыгъуазэхэмкӀэ сагъэкъуаншэ.
Си бжьыр зытефлъхьэ, жысӀэр зэвгъащӀэ, сэ сигур щабэщ икӀи пагагъэ схэлъкъыми. ПсэмкӀэ гузэгъэгъуэ вгъуэтынущ итӀанэ;