7 Абы къыхэкӀкӀэ сащышынэркъым дэнэкӀи къикӀыурэ сэ сызыгъэбий цӀыху мин бжыгъэхэм.
Си бийм къызжиӀэн лъремыкӀ: «Сэ абы сытекӀуащ». Сылъэпэрапэмэ, къыспэувхэр иремыгуфӀэ.
Ер зылэжьа бзаджащӀэхэм садумыгъэкӀуэд, гъунэгъухэм яхэт щыхъукӀэ, ахэр мамырыгъэм топсэлъыхь, ауэ я гум бзаджагъэр илъщ.
Уэращ Зиусхьэныр, лъэкӀыныгъэ псори зиӀэ Тхьэр, Уэращ Израилым и Тхьэр, хамэ лъэпкъхэр бгъэпшынэну къэтэдж, уащымысхь къумал гъэпцӀакӀуэхэм.
Уи цӀыху лъэпкъым гугъуехь ебгъэшэчащ, дыщхьэщызыху санэ дебгъэфащ.
Псэуэ схэтыр гумэщӀыгъэм зэлъищтащ; атӀэ Уэ, Зиусхьэн, сыт хуэдизрэ сызэбгъэжьэну?
абы щыгъуэм си псэм къещэу бийр къыслърежьэ, къысщӀрехьэ, си гъащӀэри ятӀэм хрырекухь, пщӀэуэ сиӀэри сабэ ирырещӀ.
БзаджащӀэхэм я гуащӀэр Тхьэм икъутэнщ, Тхьэм щыпкъагъэ хузиӀэр лъагэу иӀэтынщ.
Абы и лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжыр зэпыуагъэпэ, дыкъызэригъэгугъар ямыгъэщыпкъэжыну ара щӀэблэхэм?