4 Ауэ Уэращ, Зиусхьэн, мэӀуу сыкъэзыхъумэр, текӀуэныгъэр сэзыгъэгъуэту, си щхьэр лъагэу сэзыгъэӀэтыр.
А къэхъукъащӀэхэм я ужькӀэ Зиусхьэныр Ибрам къыхуэлъагъуэри и псалъэ къылъигъэсащ: – Умышынэ, Ибрам; Сэ уэ СыуимэӀухущ; уи ӀыхьэфӀыр ин хъунущ.
СызекӀуэми, зызгъэпсэхуми, Уэ къыздыбощӀэ сэ. Си гъуэгу псоми уащыгъуазэщ Уэ.
Тхьэм и щӀыхьыр зы махуэм адрей махуэм лъегъэӀэс, зы жэщым адрей жэщым ирегъащӀэ Тхьэм и хъыбар.
«Си Ӏуащхьэ лъапӀэу Ционым тепщэныгъэр щиӀыгъыну си пащтыхьыр тезгъэуващ».
ЩӀыхьыр зейр Зиусхьэнырщ, сыту жыпӀэмэ си лъэӀу макъ Абы зэхихащ.
МафӀэ хъуаскӀэхэр къахегъэлъэт Зиусхьэным и макъым.
ЕмыкӀу кърехь, напэншэ ирехъу си псэм къещэхэр; зэщӀрекӀуэж, я напэр трырекӀ, зигу бзаджагъэ къысхуихьэхэр.
КӀыфӀ, цӀэнтхъуэрыгъуэ ирехъу абыхэм я гъуэгур, Зиусхьэным и мелыӀычым кърырехуэкӀ.
Хамэ лъэпкъхэр ипхуащ уи ӀэкӀэ, абыхэм я хэкум ди адэжьхэр ибгъэтӀысхьащ; хамэ лъэпкъхэр бгъэунэхъуащ, ауэ ди адэжьхэр бгъэунащ.
Хабзэншэхэр хуэзгъэсэнщ уи гъуэгум, уи деж къагъэзэжынщ гуэныхь зыщӀахэм.
сыту жыпӀэмэ удэӀэпыкъуэгъущ Уэ сэркӀэ, уи дамэ щӀагъым я жьаум гуфӀэгъуэ уэрэд щыжызоӀэ.
Щыпкъагъэр щӀым къыхэкӀынщ, Тхьэм и щыпкъагъэр уафэм къеплъыхынщ.
Жьы хъуми, абыхэм фӀыр къапокӀэ, псыр ящӀэзщ, къэкӀагъащӀэм хуэдэщ,
– ФелъэӀуи, Тхьэм къывитынущ; фылъыхъуи, къэвгъуэтынущ; куэбжэм фытеуӀуи, Тхьэм къыфхуӀуихынущ;
Фэ фщыщ гуэрым гугъуехь ишэчмэ, Тхьэм ирелъэӀу. Зыгуэр гуфӀэмэ, тхьэщӀыхь уэрэдхэр къыжреӀэ.