7 Къызэхэх, Зиусхьэн, си макъыу сынызэроджэр; гущӀэгъу къысхуэщӀи, жэуап къызэт.
Зиусхьэным лъэкӀыныгъэшхуэ зыхэлъ и Ӏуэхухэр хэт къэзыӀуэтэфынур, Абы щӀыхьу пылъ псори хэт къэзыгъэлъэгъуэфынур?
Сэ дунейм сыщыхьэщӀэщ, сфӀомыущэху уи унафэхэр.
Пщэрылъу къэпщӀахэм я гъуэгур къэсщӀэну къызгурыгъаӀуи, уи Ӏуэху щӀагъуэхэм сегупсысынщ.
Зиусхьэным и унэ ӀуэхущӀэхэм, ди Тхьэм и унэшхуэм и пщӀантӀэм дэтхэм.
НасыпыфӀэщ Екъуб и Тхьэр зи дэӀэпыкъуэгъур, Зиусхьэну и Тхьэм щыгугъыр,
Ахэр гъуэгу цӀэнтхъуэрыгъуэм Уэ тыбогъэувэ. Уэ ахэр йогъэхуэх щыхупӀэм.
УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. «Мут-лабен» уэрэдым и макъамэр щӀэту. Даут и уэрэд
ГущӀэгъу къысхуэщӀ, Зиусхьэн; сызылъагъу мыхъухэм къину сагъэшэчым къеплъ Уэ, лӀэныгъэм и куэбжэм сыкъызыӀушыжыр,
Уи щӀыхьыр сӀуэтэнущ, Зиусхьэн, гууэ сиӀэмкӀэ; уи ӀэщӀагъэ гъэщӀэгъуэнхэр псори сӀуэтэнущ;
Уэрэд хужыфӀэ Зиусхьэным, Абы и цӀэм щӀыхь хуэфщӀ, дыкъызэрыригъэлам и хъыбар махуэ къэс фӀуатэ!