11 Уи гъуэгур сыгъащӀэ, Зиусхьэн, си бийхэм сащыпхъумэну, гъуэгу захуэм сытегъэхьэ:
Зиусхьэн! Си тхьэлъэӀур зэхэх, си гухэщӀ макъри уи деж щреӀу.
Зиусхьэныр си нэхунэщ, си КъегъэлакӀуэщ: хэт сызыщышынэнур? Зиусхьэныр си гъащӀэм и хъумапӀэщ: хэт шынагъэ зыхузиӀэнур?
Къин щыплъагъу махуэм къызэджэ, укъыхэсшынщ, уэри щӀыхь къысхуэпщӀынщ».
«КъэдаӀуэ, сыкъэпсэлъэнущ, си цӀыху лъэпкъ; Израил, уэ узгъэкъуаншэу щыхьэт сыхъунущ; Сэ сы-Тхьэщ, сэращ уэ уи Тхьэр!
Тхьэуэ Зиусхьэным дежкӀэ щыпкъагъэ ягу илъу, абы и унафэхэмрэ и хабзэхэмрэ тету, щӀагъэкъуэншэн лъэпкъ ямылэжьу псэурт тӀури.
Зыми дызэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэу, гукъабзагъэкӀи щыпкъагъэкӀи фэ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм, дыфхэту зэрыщытамкӀэ фыдищыхьэтщ, Тхьэри ди щыхьэтщ.
Мэссихь и псэр дэр щхьэкӀэ итащ. И псэр щӀитар бзаджагъэ псоми дыхишыжу, ди щхьэхэр ищэхужын щхьэкӀэщ икӀи фӀы щӀэным дигурэ ди псэкӀи дыхэту, езым и лъэпкъ дыхъун папщӀэ, ди гур игъэкъэбзэжын щхьэкӀэщ.