Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Уэрэд 26:1 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

1 Зиусхьэныр си нэхунэщ, си КъегъэлакӀуэщ: хэт сызыщышынэнур? Зиусхьэныр си гъащӀэм и хъумапӀэщ: хэт шынагъэ зыхузиӀэнур?

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Уэрэд 26:1
30 Iomraidhean Croise  

Ерусалим къалэр ухуащ, зыуэ зэхэщӀыхьа хуэдэ.


Зиусхьэным жызоӀэ сэ: «Уэращ си Зиусхьэныр; фӀыуэ сиӀэр къызыбгъэдэкӀыр* Уэращ».


СыхьэпӀацӀэщ сэ, сыцӀыхукъым, цӀыхухэм нэмыплъ къызат, лъэпкъым сызэрипэсыркъым.


Сыгъэунэху, Зиусхьэн, сыуплъэкӀу; си гуи си пси гъэунэху;


Уи гъуэгур сыгъащӀэ, Зиусхьэн, си бийхэм сащыпхъумэну, гъуэгу захуэм сытегъэхьэ:


МафӀэ хъуаскӀэхэр къахегъэлъэт Зиусхьэным и макъым.


Гузэвэгъуэм фыхэтми, гуэныхь фымыщӀэ; фи гъуэлъыпӀэ филъу фэр-фэрурэ фыгупсысэ, зывгъэӀэсэ.


УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Корах и къуэхэм я уэрэд


УэрэдыӀуэхэм я пашэм папщӀэ. Бзэпс зэрылъ ӀэмэпсымэхэмкӀэ ягъэӀу. Даут и акъылыфӀагъэ уэрэд


Уэращ Тхьэр! Уэращ си Тхьэр, сыплъохъу, сигукӀи си псэкӀи сыпхуозэш; щӀыгу нэщӀым, щӀыгу гъущӀам сыщыӀэу, щӀыгу псыншэм сыщыӀэу си пкъыр пхуопабгъэ.


Шхын ӀэфӀым арэзы сыкъищӀауэ, уи щӀыхьыр гуфӀэгъуэшхуэкӀэ сӀуэтэнщ.


ЦӀыху куэд дыдэ кърыроувэкӀ; абыхэм я щхьэкӀэ лъагэу къиувэ.


Мыращ дызэрыпагэр: Хьилагъэ лъэпкъ ди гум имылъу, Тхьэм и гум ирихь мурад къабзагъэ диӀэу мы дунейм, псоми япэу фи деж, дызэрыщыпсэуамкӀэ ди гур щыхьэт мэхъу. Тхьэм и нэфӀ къызэрытщыхуам папщӀэ апхуэдэу дыпсэуащ, ахъумэ мы дунейм тет цӀыхухэм я акъылыфӀагъэу жыхуаӀэм и хьэтыркӀэкъым.


Аращи, дызыщыгугъыу, дызыпэплъэ ӀуэхуфӀу цӀыхухэм зи гугъу яхуэтщӀхэм дыкъимыкӀуэтыжу дытету дривгъакӀуэ, а ӀуэхуфӀхэмкӀэ дыкъэзыгъэгугъа Тхьэм и гум щыпкъагъэ илъщи.


ФӀэщхъуныгъэ зэрывиӀэм щхьэкӀэ, Тхьэм и лъэкӀыныгъэкӀэ фыкъехъумэ, фымыкӀуэду фыкъызэрыригъэлар дунейм иужьрей махуэхэм нахуэ къэхъун щхьэкӀэ.


Апхуэдэу зэрыщытым щхьэкӀэ, си къуэшхэ, Тхьэм и бынхэм ящыщ фыхъуну фыкъызэрыхуриджар икӀи фыкъызэрыхихар зэрывгъэпэжыным сыт щыгъуи нэхъыбэрэ фыхущӀэкъу. Ар влъэжьмэ, Тхьэм и гъуэгум зэи фытекӀынукъым,


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan