4 Зи Ӏэхэр къабзэу, зигу хейр, зигу бзаджагъэм хуэзымыгъазэу, тхьэрыӀуэ нэпцӀ зымыщӀыр арщ.
Зиусхьэным и Ӏуэхухэр инщ, ахэр зигу ирихь псори абыхэм яхогупсысыхь.
уи унафэ псоми си нэӀэ ятетмэ, напэншэ сыхъункъым.
Уи пащхьэ сикӀыу, дэнэ сыкӀуэн, уи нэгу сыщӀэкӀыу, дэнэ сыжэн?
Хэхъуауэ къратыжын щхьэкӀэ, ахъшэ щӀыхуэ зымыту, лажьэншэм егуэуэну Ӏулъхьэ къеӀызымыхыр арщ. Апхуэдэу псэур игъащӀэкӀэ лъэпэрэпэнкъым.
Сигу псэхуауэ согъуэлъри сожей, сыкъотэджыж, сыту жыпӀэмэ си щӀэгъэкъуэнщ Зиусхьэныр.
«Хъыджэбзыр лъэщыджэ хъунущ, къуэи къилъхунущ. Абы цӀэуэ фӀащынур Еммануилщ. „Тхьэр ди гъусэщ“, аращ а цӀэм къикӀыр».
унафэу нывжесӀа псори ягъэзэщӀэну яхуэвгъэув. Пэж дыдэщ ар, дунейм и кӀэухым нэсыху сыт щыгъуи сывигъусэнущ сэ. Ӏэмин.
лӀэныгъэм и шынагъуэм хэтхэмрэ кӀыфӀыгъэм хэтхэмрэ ятепсэн икӀи мамырыгъэ гъуэгум дытригъэхьэн щхьэкӀэ».
Зиусхьэныр уи псэм гъусэ хурехъу. Тхьэм и нэфӀ къыфщрехуэ. Ӏэмин.