Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Уэрэд 23:3 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

3 Хэт Зиусхьэным и Ӏуащхьэ дэкӀуеину, хэт Абы и щӀыпӀэ лъапӀэм иувэну хуитыр?

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Уэрэд 23:3
28 Iomraidhean Croise  

Зиусхьэным щӀыхь хурещӀ: и лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжым, цӀыхухэм яхуищӀэ Ӏуэху щӀагъуэхэм папщӀэ,


Иджы къэсщӀащ Езым къыхиха цӀыхум Зиусхьэныр къызэрыдэӀэпыкъунур. И Ӏэ ижьу текӀуэныгъэ къэзыхьым и лъэкӀ инкӀэ уафэ лъапӀэхэм къарыкӀыу жэуап кърет.


Си гуэныхьыр зэрызущэхуам махуэ енкӀэ сигъэщэӀуурэ си къупщхьэр щыным нэсащ.


Сыту жыпӀэмэ жэщми махуэми уи Ӏэр сэ къыстехьэлъэ зэпытащ, гуащӀэу схэлъри, гъэмахуэ уэгъум игъэхуэлакъэ жыпӀэну, сӀэщӀэкӀуэдащ.


Бжыри уэщри къэӀэти, сыкъезыхуэкӀхэм ебэн; си псэм къыжеӀэ: «Сэращ ухэзышыжынур!»


Ауэ сэ, лъагъуныгъэ мыкӀуэдыж къысхуэпщӀащи, сыкъихьэнщ Уи унэ, сыпфӀэлӀыкӀыу уи унэшхуэ лъапӀэм ущызгъэлъэпӀэнщ.


Сэ Тхьэм и унэшхуэм къыщытӀэпӀ зейтун жыгым сыхуэдэщ. Тхьэм и лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжыр игъащӀэкӀэ си гугъапӀэщ сэ,


Мысырым санащхьэ бжьалэр къипхащ, цӀыху лъэпкъхэр ипхури, ар хэпсащ;


Сыту жыпӀэмэ мыкӀуэдыжын лъагъуныгъэу Уэ къысхууиӀэр ин дыдэщ: си псэр хьэдрыхэ и кууупӀэм къыхэпшри, щхьэхуит сыпщӀащ Уэ.


Апхуэдэу щӀищӀар и щӀыхьышхуэм тету и нэфӀ къызэрытщыхуам щхьэкӀэ дэ езым щӀыхь хуэтщӀын папщӀэщ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ езым и Къуэу фӀыуэ илъагъум къыпкъырыкӀыу Тхьэм и нэфӀ куэду къытщыхуащ.


ФӀыуэ слъагъухэм ягурызогъаӀуэ, икӀи согъэӀурыщӀэ. Аращи, фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжи, си гъуэгум фигурэ фи псэкӀэ фрикӀуэ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan