2 Ар Абы хыхэм ятригъэувэри, псыхэм щигъэбыдащ.
ЦӀыху лъэпкъхэр ди Ӏэ кърилъхьащ, лъэпкъ цӀыкӀухэр ди лъэгу къыщӀигъэуващ.
– Ӏуэхур зэфӀэкӀащ, – къызжиӀащ итӀанэ. – Алфэри Омегэри, ублапӀэри ухыпӀэри сэращ. Псы хуэлӀэр гъащӀэ къэзыт псынэм и псым щыщ езгъэфэнущ пщӀэ щӀимыту.
ЦӀыхухэм гъащӀэ къезыт псыуэ кристаллым хуэдэу къабзэр мелыӀычым сигъэлъэгъуащ итӀанэ. Тхьэмрэ Щынэмрэ я тахътэм къикӀыу,
Тхьэм и Псэ ЛъапӀэми нысащӀэми жаӀэ: «КъакӀуэ!» Ар зэхэзыхми жреӀэ: «КъакӀуэ!» Хэтми, псы хуэлӀэр кърекӀуэ. Хэт хуейми, цӀыхухэм гъащӀэ къезыт псым пщӀэ щӀимыту ирефэ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ тахътэм и кум тес Щынэр абыхэм Ӏэхъуэ яхуэхъунущ; икӀи гъащӀэ къэзыт псынащхьэхэм я деж ахэр ишэнущ. Абыхэм я нэхэм нэпс псори ящӀилъэщӀыкӀыжынущ.