3 Си псэр къегъэпсэуж; щыпкъагъэм и гъуэгу сытрешэ Езым и цӀэм папщӀэ.
ГуфӀэгъуэ макъыр хуэфӀэт зэрыщӀыгуу.
Уи фӀыщӀагъэхэр, Зиусхьэн, игъащӀэкӀэ сӀуэтэнщ уэрэдкӀэ, къэкӀуэну щӀэблэ псоми яхуэсӀуэтэнщ щыпкъагъэу зепхьэр.
ПсэущхьиплӀым ящыщ дэтхэнэ зыми дамих тетт, нэхэр дэнэкӀи яхэзт. Жэщи махуи зэпымыууэ, мыпхуэдэу жаӀэ: «ЛъэкӀыныгъэшхуэ псори зиӀэ Зиусхьэн Тхьэуэ, щыӀауэ, щыӀэу, икӀи игъащӀэкӀэ щыӀэнур, лъапӀэу, лъапӀэу, лъапӀэу щытщ».