1 Зиусхьэныр си Ӏэхъуэщ, сэ зыми сыхуэныкъуэнкъым.
Зиусхьэныр щхьэегъэзыпӀэ зыхуэсщӀащ; сыт щхьэкӀэ къызжефӀэрэ: «Фи къущхьэхэм лъэтэж бзум хуэдэу»?
Захуагъэ сызэрытетым папщӀэ си лъэӀу зэхэх, Зиусхьэн, уи нэӀэ къытегъэт си джэ макъ, хьилагъэ зыхэмылъ ӀупщӀэм я лъэӀум уи тхьэкӀумэ къыхуэгъазэ.
СщумыгъэпщкӀу уи нэгу; губжьым ухэту, сэ, уи ӀурыщӀэр, ӀэщӀыб сумыщӀ. ДэӀэпыкъуэгъуу узиӀащ Уэ; сыхыфӀумыдзэ, сыкъомыбгынэ, Тхьэуэ си КъегъэлакӀуэ!
Сыт иджы гугъапӀэу сиӀэр, Зиусхьэн? ЗысшыӀэу, Уэращ сэ сызыщыгугъыр.
Пащтыхь псоми щхьэщэ къыхурыращӀ абы; хурелажьэ хамэ лъэпкъхэр.
Сыхьэтыр щым Хьисэ макъ хэӀэтыкӀакӀэ джащ: – Или, или, ламэ савахфани? (Абы къикӀыр «Уэ си Тхьэ, уэ си Тхьэ, утыкум си закъуэу щхьэ сыкъибна?»)
Сыхьэтыр щым Хьисэ макъ хэӀэтыкӀакӀэ джащ: – Элой, элой, лама савахфани? (Абы къикӀыр, «Уэ си Тхьэ, уэ си Тхьэ, утыкум си закъуэу щхьэ сыкъибна?»)
Хьисэ гузэвэгъуэм зэщӀиубыдауэ, нэхъ хуабжьу Тхьэм елъэӀуащ. Абы и пщӀэнтӀэпсхэр лъы ткӀуэпсхэм хуэдэу щӀым теткӀуэрт.
– Сыщывигъусам нывжесӀауэ щытар мыращ: Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэми, адрей бегъымбархэм я тхылъхэми, Сабурми сэ къыстеухуауэ ит псори къысщыщӀурэ пэж хъун хуейщ, – къажриӀащ Хьисэ абыхэм.
Ахъшэм фыхуэмынэпсей, фиӀэм арэзы фытехъуэ. Тхьэм къыжиӀащ: «ИгъащӀэкӀэ ухыфӀэздзэжынукъым, уи закъуэу укъэзгъэнэнукъым».
Хьисэ дунейм щытета махуэхэм макъ хэӀэтыкӀакӀэ джэурэ, и нэпсыр къежэхыурэ, лӀэныгъэм къыӀэщӀэзыхыфыну Тхьэм и фӀэщу елъэӀуащ. ЗэредаӀуэм щхьэкӀэ абы и макъыр Тхьэм зэхихащ.