5 Ди адэжьхэр Уэ къыпщыгугъащ; хэкӀыжащ, къыпщыгугъти;
Тхьэм хуэщыпкъэхэм я зэӀущӀэгъуэм уи щӀыхь пхуэсщӀынщ, Зиусхьэн, сигу псори къыздеӀэу.
Уафэмрэ щӀылъэмрэ къэзыгъэщӀа Зиусхьэным, Цион щыӀэу и нэфӀ фэ къыфщихуэнщ.
Сэ къыстепсэлъыхьу, куэдым жаӀэ: «Утыкум ар Тхьэм къринащ».
А зыращ сыкъэзыхъумэ абрэмывэр, быдапӀэу сиӀэр, сыгулэзыжынкъым игъащӀэкӀэ.
ПӀэм сыхэлъу сигу укъокӀыж, жэщ къэрэгъулым я зэманым сыногупсыс,
сыт цӀыхур зи лӀэужьыгъуэр, уегупсысыну Уэ абы, цӀыху лъэпкъым и къуи, Уэ абы укӀэлъыплъэну?
Абы и щыпкъагъэ яӀуатэ уафэгум, цӀыху лъэпкъ псоми ялъагъу Абы щӀыхьу бгъэдэлъыр.
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ябгъэдыхьэри яжриӀащ: – Уафэми щӀылъэми тепщэныгъэ псори щызиӀэу си ӀэмыщӀэ илъщ.
А псалъэхэм я ужькӀэ, Хьисэ уафэм дэплъейри, жиӀащ: – Си Адэ, пӀалъэр къэсащ. Уи Къуэм и щӀыхьышхуэр цӀыхухэм егъэлъагъу, уи Къуэми уэ уи щӀыхьышхуэр цӀыхухэм яригъэлъагъун щхьэкӀэ.
Уэ сэ щӀыхьышхуэ сиӀэ зэрыпщӀам хуэдэу, сэри абыхэм щӀыхьышхуэ яӀэ сщӀащ, дэ зыуэ дызэрыщытым хуэдэу, ахэри зы хъун щхьэкӀэ:
Си Адэ, дунейр къэхъун и пэкӀэ уи деж сэ щызиӀа щӀыхьышхуэм хуэдэ щӀыхьышхуэр уи деж щызиӀэ щӀы.
ЖытӀэ псом я нэхъыщхьэр мыращ: Уафэхэм щыӀэу, тепщэныгъэшхуэ псори зиӀэ Тхьэм и тахътэм и ижьырабгъумкӀэ бгъэдэсу дин пашэшхуэ диӀэщ.
Хьисэ Мэссихь уафэм дэкӀуеяуэ Тхьэм и ижьырабгъумкӀэ бгъэдэтӀысхьауэ щысщ иджы, мелыӀычхэри, тепщэныгъэрэ лъэкӀыныгъэрэ зиӀэхэри къыхуэӀурыщӀэу.