Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Уэрэд 21:1 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

1 УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Нэхущыгъуэм деж къэлъагъуэ мэз бжэным ехьэлӀа уэрэдым и макъамэр щӀэлъу жаӀэ. Даут и уэрэд

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Уэрэд 21:1
14 Iomraidhean Croise  

«Си Ӏуащхьэ лъапӀэу Ционым тепщэныгъэр щиӀыгъыну си пащтыхьыр тезгъэуващ».


Уэ, пащтыхь, уи Ӏэ къихьэнщ уи бийхэр, уэ уи жагъуэгъу псори уи Ӏэ ижьым ӀэщӀэкӀынкъым.


МафӀэ хъуаскӀэхэр къахегъэлъэт Зиусхьэным и макъым.


ПӀэм сыхэлъу сигу укъокӀыж, жэщ къэрэгъулым я зэманым сыногупсыс,


Зиусхьэным хуэщыпкъэхэр щыгуфӀыкӀыу, щхьэегъэзыпӀэ ирещӀ щыпкъагъэ зигу илъ псоми, Абы щӀыхь хурырещӀ.


абы и цӀэр игъащӀэкӀэ щреӀэ, иремыкӀуэд дыгъэр щыӀэху. Лъэпкъхэм абы и хьэтыркӀэ Тхьэм и нэфӀ къащрехуэ. ЦӀыху лъэпкъ псоми Ар гъуэгу махуэ теувауэ жреӀэ.


Зиусхьэным уэрэдыщӀэ хужыфӀэ; хужыфӀэ уэрэд зэрыщӀыгуу Зиусхьэным!


Арэзыныгъэ фигу илъу, Абы и къалэбжэм, и пщӀантӀэхэм, щӀыхь хуэфщӀурэ, фыдыхьэ. ЩӀыхь хуэфщӀ Абы, Абы и цӀэр фӀэт!


– Дэнэ щыӀэ журтхэм къыхуалъхуа я пащтыхьыр? – жаӀащ абыхэм. – Абы и вагъуэр къуэкӀыпӀэмкӀэ щытлъагъури, ар дгъэлъэпӀэн щхьэкӀэ дыкъэкӀуащи.


Хьисэ ди нэхэр тедвгъэгъэт. Аращ фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум дытезыгъэхьэу, пашэ къытхуэхъуу ди фӀэщхъуныгъэр нэгъэса зыщӀыр. И пащхьэм илъу щыта гуфӀэгъуэм щхьэкӀэ, цӀыхухэм жорым зэрыраӀулӀам и гугъуехь ишэчащ, жорым и емыкӀуми еплъакъым ар, Тхьэм и тахътэм и ижьырабгъумкӀэ бгъэдэтӀысхьащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan