8 Сыту жыпӀэмэ пащтыхьыр щогугъ Зиусхьэным, Псом нэхърэ Нэхъ Лъагэм и лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжым и хьэтыркӀэ абы и тахътэр зэтетынщ.
Зиусхьэным гъэрыпӀэм дыкъришыжу, Цион къалэм дишэ щыхъум, пщӀыхьым хэтым дыхуэдащ дэ.
Зиусхьэным и нэхэр Езым хуэщыпкъэхэм яхуэгъэзащ, и тхьэкӀумэхэр – я джэ макъым.
Ауэ Зиусхьэным и нэгу яхуигъазэркъым бзаджащӀэхэм – игъащӀэкӀэ ахэр ягу къащымыкӀыжынхэу щӀыгум.