4 Ящодыхьэшх уафэм щыпсэур, ящӀонакӀэ абыхэм Зиусхьэныр.
Зиусхьэным ирегъэувыӀэ щытхъу нэпцӀ жызыӀэ жьэ псори, зыщытхъуж бзэгухэр,
Зиусхьэным фӀыуэ къысхуищӀа псоми пэкӀуэу сыт Абы хуэсщӀэжынур?
Зиусхьэныр армыратэмэ къытщӀыгъур, – жреӀэ Израил, –
Си псэм къещэхэм ягъэув я лъахъэхэр, мыхъун къызэхъулӀэ зыфӀэигъуэхэр топсэлъыхь сызэрагъэунэхъуным, махуэ еным къысхузэхалъхьэ гухэлъ бзаджэхэр.
Сыту жыпӀэмэ зыкъыспаӀэтащ напэншэхэм, си псэм къощэ цӀыху залымхэр; абыхэм Тхьэр ӀэщӀыб ящӀащ.
И унэ лъапӀэм Тхьэм щыжиӀащ: «ФыгуфӀэ, Шихэм згуэшынщ, Суккот кӀейри тезгуэшэнщ.
Гилеад, Мэнашэ сысейщ, Эфраим – си тажщ, Иудэ – си дыщэ къащӀэщ.
Егъэзыгъэ хъуахэм ар ялъагъунщи, гуфӀэжынщ. Тхьэм лъыхъуэхэм ягу къихьэжынщ.