Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Уэрэд 2:12 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

12 Зиусхьэныр вгъэлъапӀэ, Ар къыфхуэмыгубжьын, фызытет гъуэгум фытемыкӀуэдэн папщӀэ; сыту жыпӀэмэ Абы и губжьыр щӀэх къызэщӀэплъэнущ. Гъуэгу махуэ теуващ Абы щхьэегъэзыпӀэкӀэ зыхуэзыгъазэ псори.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Уэрэд 2:12
30 Iomraidhean Croise  

Уэ уритетынущ си унэм, уи унафэхэми къедэӀунущ си лъэпкъ псор; ауэ пащтыхьыгъэкӀэ сэ зырщ уэ нэхърэ нэхъ ину щытынур.


Сыту жыпӀэмэ Зиусхьэныр зи гум щыпкъагъэ илъхэм я гъуэгу щыгъуазэщ, ауэ цӀыху бзаджэхэм я гъуэгур кӀуэдыпӀэщ.


Губжьым хэту, епсэлъэнщ Ар, Абы и губжьышхуэм ахэр игъэшынэнщ, мыр яжриӀэурэ:


Зиусхьэным иухэсар жысӀэнщ: Абы сэ къызжиӀащ: «Уэращ си Къуэр, Адэ сыпхуэхъуащ нобэ.


Ажалыр къахурес абыхэм уащхъуэдэмыщхъуэу; сэр папщӀэ щӀауфа хъым езыхэр ирехуэж; ирехуэж абы икӀуэдэну.


Зиусхьэным гуфӀэгъуэ хэзгъэгъуэтэнщ абы щыгъуэ; абы сыкъригъэлащи, сыхуэгуфӀэнщ.


Узым щиубыдкӀэ, гуащӀэ къритынщ Зиусхьэным. Сымаджэ хъумэ, Абы игъэхъужынщ.


Щыпкъагъэр щӀым къыхэкӀынщ, Тхьэм и щыпкъагъэр уафэм къеплъыхынщ.


Гъуэгури, щыпкъагъэри, гъащӀэри сэращ, – жриӀащ абы Хьисэ. – Си гъуэгу иримыкӀуэмэ, Адэ лъапӀэм деж зы цӀыхуи кӀуэн лъэкӀынукъым.


цӀыху псоми Адэ лъапӀэм щӀыхь зэрыхуащӀым хуэдэу, абы и Къуэми щӀыхь къыхуащӀын щхьэкӀэ. Абы и Къуэм щӀыхь къыхуэзымыщӀым ар къэзыгъэкӀуа Адэ лъапӀэми щӀыхь хуимыщӀу арщ.


Тхьэм и псалъэ тхахэм Мэссихь теухуауэ зэрыхэтым хуэдэу: «Хэти езымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэр щӀегъуэжынукъым».


И псалъэ тхахэм хэту Тхьэм къызэрыжиӀэм хуэдэу: «ЦӀыхухэр зыгъэлъэпэрэпэн мывэу, цӀыхухэр щӀым тезыгъэджалэ мывэшхуэр Сион къалэм щызогъэтӀылъ. ЩӀегъуэжынукъым а мывэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэр».


Тхьэм апхуэдэу щӀищӀар дэ, Мэссихь щыгугъыу япэ пэплъэхэм, Тхьэм и щӀыхьышхуэм фӀыщӀэ хуэтщӀын щхьэкӀэщ.


ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ ищӀащ Мэссихь. Тхьэращ Мэссихь лӀахэм къахэзыгъэтэджыкӀыжар, щӀыхьышхуэри къезытар. Абы и фӀыгъэкӀэ ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ хъуащ икӀи Тхьэм фыщогугъ.


Тхьэм къызэрыжиӀар и псалъэу тхахэм хэтщ: «ФыкъэдаӀуэ, сэ къыхэсхауэ, уасэшхуэ зиӀэу, унэр зэтезыӀыгъ мывэ лъабжьэр Сион къалэм щызогъэтӀылъ. А мывэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэр щӀегъуэжынукъым».


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan