1 Сыт щхьэкӀэ зэрыхьзэрийрэ цӀыху лъэпкъхэр, Ӏуэху пщӀэншэхэр щӀызэрахъэр сыт цӀыху лъэпкъхэм?
Ныбэм сыкъызэрикӀыу, Уэ сыппэщӀэхуащ; си анэ и ныбэ сыкъыщикӀам щыублауэ Уэращ си Тхьэр.
ГуфӀэгъуэ макъышхуэм хэту, Зиусхьэну Тхьэр дэкӀуеящ и унэшхуэм, сыринэ макъхэр къэӀу зэпыту.
Ди Тхьэм щыхь уэрэдыр хужыфӀэ, щӀыхь уэрэдыр хужыфӀэ, ди пащтыхьым щӀыхь уэрэдыр хужыфӀэ, хужыфӀэ.
ИрекӀуэд псым хэкӀуэдэжа хьэмлашкӀуэм ещхьу; бзылъхугъэм фӀэкӀуэдыжа сабийуэ дыгъэр зымылъэгъуам хуэдэу.
СыщӀохъуэпс, сыхуопабгъэ, Зиусхьэным и пщӀантӀэм, си гуи си пкъи Тхьэуэ гъащӀэ къыдэзытым щӀыхь уэрэд хужаӀэ.
– ЖызумгъэкӀхэм хадэр зейм и къуэр щалъагъум, зым адрейм жриӀащ: «Жызум хадэр къызыхуэнэжынур мыращ. Ар дывгъэукӀи, хадэр дэ къытхуэнэнщ».
Абы къикӀыр езыр хамэ лъэпкъхэм зэраӀэщӀыхьэнурщ. Ахэр абы къыщыдыхьэшхынущ, къыхущӀэджэнущ икӀи къеубжьытхынущ. ИтӀанэ щӀопщкӀэ къеуэнущ икӀи яукӀынущ,
Ахэр гуфӀащ, ахъши къратыну къагъэгугъащ.
ЦӀыхубэр, адрейхэм я гъусэу, Паулрэ Силэрэ тезэрыгуащ. Ӏэтащхьэхэм Паулрэ Силэрэ я щыгъынхэр зэфӀатхъри, щӀопщкӀэ абыхэм еуэну зауэлӀхэм унафэ хуащӀащ.
Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщхэм ар щызэхахым, къызэщӀэплъэри, апостолхэр яукӀыну хэтащ.
Ахэр Щынэм езэуэнущ, ауэ Щынэр абыхэм ятекӀуэнущ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ар зиусхьэнхэм я Зиусхьэнщ, пащтыхьхэми я Пащтыхьщ. Езым и гъуэгу ирикӀуэну къыхуриджа цӀыху къыхихауэ, езым хуэпэжхэр абы и гъусэнущ.