2 Махуэ къиным укъызэхрех Зиусхьэным, ди адэжь Екъуб и Тхьэм укърехъумэ.
АдэкӀэ жиӀащ Тхьэм: – Къыщрехъу псыкум уафэлъащӀэ икӀи къыгурырегъэкӀ абы псым псыр.
КъигъэщӀащ, арати, Тхьэм уафэлъащӀэ, абыкӀэ зэщхьэщигъэкӀащ уафэлъащӀэм и щӀагъ щӀэт псымрэ абы и щӀыӀум тет псымрэ. Апхуэдэуи хъуащ.
ДяпэкӀэ щӀылъэр щыӀэху зэпыунукъым сэнри хэнри, щӀыӀэри хуабэри, гъэмахуэри щӀымахуэри, махуэри жэщри.
ЩӀалэ ныбжьыщӀэхэм, пщащэ цӀыкӀухэм, лӀыжьхэм, щауэ щӀалэхэм!
Зиусхьэным щӀыхь хуэфщӀ. И унэшхуэ лъапӀэм щӀыхь щыхуэфщӀ Тхьэм; и уафэ лъащӀэм щыӀэу щӀыхь хуэфщӀ Абы.
Уи ӀэкӀэ пщӀа уи уафэм, мазэу, вагъуэу бгъэувахэм сэ сеплъ щыхъукӀэ,