Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Уэрэд 17:1 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

1 УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Даут и уэрэд Зиусхьэным и ӀурыщӀэ Даут, Зиусхьэным ар Шаули адрей и бий псоми емыкӀуэдылӀэну щащихъумэм, Зиусхьэным хуэкӀуэу мы уэрэдым хэлъ псалъэхэр мыпхуэдэу жиӀащ:

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Уэрэд 17:1
31 Iomraidhean Croise  

Зиусхьэным щӀыхь хуэщӀ, сигу, Абы и фӀыщӀэ псори зыщумыгъэгъупщэ.


Зиусхьэн, си тхьэлъэӀу къызэхэх; уи щыпкъагъэкӀэ къедэӀу си лъэӀум; щыпкъэу уиӀэмкӀэ зыкъысхуэгъазэ,


Си Ӏэхэр ныпхузоший Уэ; псы хуэлӀа щӀыгум хуэдэу, си псэр къыпщӀохъуэпс.


Сыкъэзыхъумэ абрэмывэу Зиусхьэным щӀыхь хузощӀ, си Ӏэхэр – зауэм, си Ӏэпхъуамбэхэр – бэнэныгъэм хуэзыгъасэм;


УэрэдыӀуэхэмрэ пшынауэхэмрэ я пашэм папщӀэ. Корах и къуэхэм я уэрэд


Къызэхэх си псалъэр, Зиусхьэн, си щэӀу макъым къедэӀу.


бий макъыу зэхэсхым, цӀыху бзаджэм егъэзыгъэ сызэращӀым; сыту жыпӀэмэ абыхэм къиным сыхадзэ, губжьым хэту сэ сагъэбий.


Пшынауэ Ӏэтащхьэ Едутун папщӀэ. Даут и уэрэд


Тхьэ закъуэращ си псэм гупсэхугъуэ зригъуэтылӀэр; Аращ сымыкӀуэду сыкъезыгъэлынур.


ЦӀыху куэд дыдэ кърыроувэкӀ; абыхэм я щхьэкӀэ лъагэу къиувэ.


Зиусхьэну ди Тхьэм жиӀэм содаӀуэ. И цӀыху лъэпкъыу, и цӀыху лъапӀэхэр, мамырыгъэм щегъэгугъ, акъылыншагъэм къремыгъэзэж афӀэкӀа.


Корах и къуэхэм папщӀэ. Уэрэд


ЦӀыху лъэпкъыр къащыхитхыкӀкӀэ, Зиусхьэным итхынщ: «Мыбы хуэдэр абы къыщыхъуащ».


Сыту жыпӀэмэ сощӀэ: уи лӀагъуныгъэ мыкӀуэдыжыр игъащӀэкӀэ щыӀэну гъэпсащ, щыпкъагъэу пхэлъыр уафэгум Уэ быдэу щыбгъэуващ.


«Я жьэкӀэ сагъэлъапӀэ щхьэкӀэ, мы цӀыхухэр ягукӀэ спэжыжьэщ.


Нафанаил къакӀуэу щилъагъум, абы теухуауэ Хьисэ жиӀащ: – Мис Израил щыщ цӀыху щыпкъэу гъэпцӀагъэ гуэри зыхэмылъыр.


Аращи, фӀыуэ слъагъухэ, дигухэм дамыгъэкъуаншэмэ, гушхуэныгъэкӀэ Тхьэм и гъунэгъу дохъу.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan