5 Си лъэр уи гъуэгум тетщ, сылъэпэрэпакъым.
«ТхьэмыщкӀэхэм къину ялъагъум, зыри зимыӀэм я тхьэусыхэм папщӀэ иджы зыкъэсӀэтыжынщ, – жеӀэ Зиусхьэным, – зэрафӀэигъуэм хуэдэу, шынагъуэ ямыӀэу згъэпсэунщ».
ГъэщӀэгъуэн дыдэхэр къытхуищӀащ Зиусхьэным. Ди гум гуфӀэгъуэр изщ.
Сигу къокӀыж пасэрей махуэхэр, согупсыс уи ӀуэхущӀагъэ псоми, уэ уи ӀэкӀэ блэжьа Ӏуэхухэр сигукӀэ зэхызоху сэ.
«Си Ӏуащхьэ лъапӀэу Ционым тепщэныгъэр щиӀыгъыну си пащтыхьыр тезгъэуващ».
А цӀыхуращ Зиусхьэным и нэфӀ зыщыхуэнур, а цӀыхум и хеягъэр КъегъэлакӀуэ Тхьэм къыхигъэщынщ.
Сабэ хъужыну, ибогъэгъэзэж Уэ цӀыхум, яжыбоӀэ: «Вгъэзэж, цӀыхухэм я къуэхэм!»
УкъыщылъагъуэкӀэ йокӀуэт си бийхэр, я лъэр зэронэ, мэкӀуэдхэ.
А Хьисэращ Тхьэм лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжар икӀи дэ псори а Ӏуэхум дрищыхьэтщ.
Израил цӀыхухэм ятелъ гуэныхьхэмкӀэ щӀригъэгъуэжу, ахэр къахуигъэгъун щхьэкӀэ, Тхьэм Хьисэ Зиусхьэну икӀи КъегъэлакӀуэу уафэм дришеижри, езым и ижьырабгъумкӀэ зыбгъэдигъэтӀысхьащ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь тепщэныгъэр иӀэн хуейщ, Тхьэм Мэссихь и бийхэр Мэссихь и лъэгу щӀигъэувэху.
Фадэм зевмыгъэгъэудафэ. Абы къыхэкӀыр мыхъумыщӀэ псэукӀэщ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр нэгъэсауэ фи гум ивгъэлъ.