9 Былымхэм удз ярет, къуалэжьым и шырхэри егъашхэ.
Тыкъыр-тыкъыру уэр кърепхъых; Абы къищӀ щӀыӀэр хэт зыхуэшэчынур?
Лажьэ симыӀэу, си жагъуэгъухэр щхьэцу стетым нэхъыбэ хъуащ; сагъэкӀуэдмэ, яфӀэигъуэу, пцӀыкӀэ сыкъэзыувыхьхэм гуащӀэ яӀэщ; естыжын хуей абыхэм къатезмыхар?
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мы зэманым и цӀыхухэм акъылыфӀагъэу жыхуаӀэр Тхьэм дежкӀэ делагъэщ, Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу: «АкъылыфӀагъэ зиӀэхэр я акъылыфӀагъэ жыхуаӀэмкӀэ Тхьэм иубыдынущ».
Къабзэу икӀи щыщӀэгъэнщэу Тхьэуэ Адэ лъапӀэм ухуэлэжьэныр мыращ: Гузэвэгъуэм хэхуа зеиншэхэмрэ фызабэхэмрэ ядэӀэпыкъуныр, мы дунейм щызекӀуэ бзаджагъэм мысэ уимыщӀу пэӀэщӀэ зыпщӀыныр арщ.