Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Уэрэд 146:7 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

7 Зиусхьэным щӀыхь уэрэдыр хужыфӀэ; пшынэ дыкъуакъуэкӀэ фыдежьу ди Тхьэм.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Уэрэд 146:7
27 Iomraidhean Croise  

Хышхуэр фащэу тепхъуащ, бгыхэм псыхэр ятепхъуащ.


Си бийм къызжиӀэн лъремыкӀ: «Сэ абы сытекӀуащ». Сылъэпэрапэмэ, къыспэувхэр иремыгуфӀэ.


ЩӀэхыу зыкъысхуэгъазэ, Зиусхьэн; си гум хулъэкӀыжыркъым; хьэдрыхэ кӀуэжхэм хуэдэ сымыхъун щхьэкӀэ, уи нэгу сщумыгъэпщкӀу.


Сыту жыпӀэмэ Уэращ гъащӀэм и къэкӀуапӀэр; Уэ уи нэхунэм щыдолъагъу дэ нэхугъэ.


Ди Тхьэ! Уэ уощӀэ сызэрыакъылыншэр, мыхъуну сщӀахэр УэркӀэ щэхукъым.


Зиусхьэну лъэкӀыныгъэ псори зиӀэ Тхьэ, Уэ къыпщыгугъ псоми я напэ тремыкӀ. Уэ, Израилым и Тхьэм, зыкъыпхуэзыгъазэхэм сэркӀэ емыкӀу къремыхь;


Сыту жыпӀэмэ абыхэм къин ялъагъуркъым, псэуныгъи гуащӀи яӀэщ.


Езыхэм ятӀа мащэм хамэ лъэпкъхэр ихуэжащ; щэхуу ягъэува хъым я лъакъуэхэр илъэхъэжащ.


ХуэмыщӀахэм тыгъэфӀхэр яритащ, ауэ бейхэр ӀэнэщӀу къигъэнащ.


«Зиусхьэным и Псэ ЛъапӀэр сигу илъ хъуащ; Тхьэм дагъэ лъапӀэр къысщихуащи. КъыщӀысщихуар тхьэмыщкӀэхэм хъыбарыфӀыр яхуэсӀуэтэн папщӀэкӀэщ. Зи гур кӀуэдахэм ягу къызэфӀэзгъэувэжыну, щхьэхуит зэрыхъужынум и хъыбар лъэхъуэщым щӀэсхэм езгъэщӀэну, нэфхэр къэзгъэплъэжынуи, гугъуехь зытелъхэр щхьэхуит сщӀыжынуи Тхьэм сыкъигъэкӀуащ.


ЦӀыху псори шхащ, псоми загъэнщӀащ. Къадэхуа щӀакхъуэ бзыгъэхэр зэхуахьэсыжри, матэ пщыкӀутӀым ярыз хъуащ.


ЩӀыр напӀэзыпӀэм ин дыдэу хъейри, лъэхъуэщым и лъабжьэр къызэщӀэзджызджащ. А сыхьэт дыдэм лъэхъуэщым и бжэ псори къызэӀукӀащ, лъэхъуэщым щӀэс псоми я гъущӀ Ӏэхъулъэхъухэри къызэрылъэлъащ.


Ауэ жэщым Зиусхьэным и мелыӀычым лъэхъуэщым и бжэхэр Ӏуихщ, ахэр къыщӀишыжри, жиӀащ:


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan