6 ЛъэгущӀэт ящӀа цӀыхухэр лъагэу еӀэт Зиусхьэным, цӀыху бзаджэхэр щӀым хегуэ.
Тхьэм япэщӀыкӀэ къигъэщӀащ уафэмрэ щӀылъэмрэ.
И гъунэгъур щэхуу зыубыр сэ зыбгъэдэсхунщ; и нэплъэгъукӀэ пагэу, игукӀэ зыкъызыфӀэщӀыжыр схуэшэчынкъым.
Израилым и цӀыхухэм нобэ жыфӀэ: «Абы и лъагъуныгъэр мыкӀуэдыжынщ».
Зи нэплъэгъуэ Абы хуэзыгъазэхэм я нэгум нэхунэр щӀэзщ, напэншэ хъункъым ахэр.
Зиусхьэн! ЩӀэблэ псоми хъумапӀэу диӀэр Уэращ.
Сыту жыпӀэмэ цӀыху лъэпкъ псоми я тхьэхэр тхьэ нэпцӀщ, ауэ Зиусхьэным къигъэщӀащ уафэхэр.
Уи цӀэ ин дыдэу шынагъуэм щӀыхь хурещӀ! ЛъапӀэ дыдэщ Ар.
Тхьэм а Псалъэм псори къригъэгъэщӀащ. Тхьэм къигъэщӀа псоми ящыщ а Псалъэм къримыгъэгъэщӀауэ зыри щыӀэкъым.
– Фэ фи Торэт хабзэм иткъэ Тхьэм мыпхуэдэу зэрыжиӀар: «Сэ жысӀащ фэ тхьэуэ фызэрыщытыр?» – яжриӀэжащ Хьисэ абыхэм. – Тхьэм и псалъэ тхахэри къута хъунукъым.
– Фэ лӀы гупым сыт фщӀэр? Фэ фхуэдэу дэри дыцӀыхущ. Мы тхьэ нэпцӀ сэбэпыншэхэм фи щӀыбыр яхуэвгъазэу, Тхьэ пэжу псэум фи гупэ хуэвгъэзэн щхьэкӀэ, хъыбарыфӀыр фхудоӀуатэ. Тхьэращ уафэри, щӀыри, хыри, абыхэм щыпсэу псори къэзыгъэщӀар.
Тхьэм Мэссихь псори къригъэгъэщӀащ – уафэми щӀылъэми щыӀэ псори, цӀыхухэм ялъагъу Ӏуэхухэри ямылъагъу Ӏуэхухэри, пащтыхь тахътэхэм исхэри, пашэхэри, Ӏэтащхьэхэри, тепщэныгъэ зиӀэхэри. Тхьэм езым и Къуэм псори къригъэгъэщӀащ, абы и Къуэм и щӀыхьышхуэм щхьэкӀэ щыӀэщ ахэр.
МыкӀуэдыжын гъащӀэ зэрагъуэтыным щыгугъыурэ пэплъэнущ ахэр. А мыкӀуэдыжын гъащӀэр цӀыхухэм яритыну щыпкъагъэ зиӀэ Тхьэм лъэхъэнэ псоми япэ игъэгугъащ.
Апхуэдэу зэпхъуэкӀ мыхъуну ӀуэхуитӀ щыӀэщ. Ар Тхьэуэ зэрыщытым щхьэкӀэ, а ӀуэхуитӀыр зэримыгъэзэщӀэн гъуэгу щыӀэкъым. Дэ, Тхьэр хъумакӀуэ зыхуэхъуну абы и гъунэгъу хъуа цӀыхухэр, Тхьэм дяпэ кърилъхьа Ӏуэхуу дызыщыгугъыу, дызыпэплъэхэр зылъэдгъэӀэсыну мы ӀуэхуитӀым дагъэгушхуэ.
МакъышхуэкӀэ жиӀащ: – Тхьэм фыщышынэ, щӀыхьышхуэри хуэфщӀ, Тхьэм цӀыху псоми я хьэкумыр щатрищӀыхьыну сыхьэтыр къэсащи. Уафэри, щӀыри, хыри, псынащхьэхэри къэзыгъэщӀар вгъэлъапӀэ.