3 Зиусхьэн! Сыт лӀэужьыгъуэ цӀыхур – Уэ уи нэӀэ абы тебгъэтыну, цӀыхум и къуэри – Уэ абы уегупсысыну?
Си Ӏэхэр ныпхузоший Уэ; псы хуэлӀа щӀыгум хуэдэу, си псэр къыпщӀохъуэпс.
Абы и жьэм къыжьэдэкӀ псалъэхэр бзаджагъэщ, хьилагъэщ; акъылкӀи зекӀуэжыркъым, фӀы илэжьыжыркъым.
КъызэдэӀуи, жэуап къызэт; срагъэшащ къину сызыхэтым; сагъэгупсэхуркъым
мамыру къыздэпсэуам бзаджагъэкӀэ сыдызекӀуамэ, лажьэ зимыӀэ сэ бий къысхуэхъуар схъунщӀамэ, –
абы щыгъуэм си псэм къещэу бийр къыслърежьэ, къысщӀрехьэ, си гъащӀэри ятӀэм хрырекухь, пщӀэуэ сиӀэри сабэ ирырещӀ.